Данил 3
3
Данил и ныбжьэгъуищыр хьэку жьэражьэм
1Нэбыхъунэщыр пащтыхьым сурэтышхуэ дыщэм къыхригъэщӀыкӀащ, и лъэгагъыр ӀэфракӀэ хыщӀрэ#3:1 ӀэфракӀэ хыщӀрэ – Метр 30-м ноблагъэ. и бгъуагъыр ӀэфракӀих#3:1 ӀэфракӀих – Метрищым ноблагъэ. хуэдиз хъууэ. Пащтыхьым ар Бабылей хэгъэгум хиубыдэ Дур аузым щригъэгъэуващ. 2Абы иужькӀэ пщыхэми, лӀакъуэлӀэшхэми, хэгъэгу пашэхэми, и чэнджэщэгъухэми, ахъшащхьэм тетхэми, хеящӀэхэми, жылэхэм я тхьэмадэхэми, адрейуэ хэкум унафэщӀу ис псоми яхуиӀуэхуащ сурэтышхуэр щигъэлъэпӀэнум зыкърырагъэхьэлӀэну. 3Арати, а лӀыщхьэ псори#3:3 а лӀыщхьэ псори – АрамеибзэкӀэ: «пщыхэри, лӀакъуэлӀэшхэри, хэгъэгу пашэхэри, чэнджэщэгъухэри, ахъшащхьэм тетхэри, хеящӀэхэри, жылэхэм я тхьэмадэхэри, адрейуэ хэкум унафэщӀу ис псори». къызэхуэсри, Нэбыхъунэщыр игъэува сурэтышхуэм и пащхьэ къиуващ, ягъэлъэпӀэну.
4Гъуор гуоуащ: «Сыт хуэдэ лъэпкъ щыщри, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэри, цӀыхуцӀэ зиӀэ псори пащтыхьым и унафэм фыкъедаӀуэ: 5бжьакъуэ накъырэм, сыринэм, пхъэ пшынэм, пшынэ дыкъуакъуэм, шыкӀэпшынэм, бжьамийм я макъхэр нэгъуэщӀ пшыналъэхэм дэщӀыгъуу къызэрыӀуу, зевдзыхи, Нэбыхъунэщыр пащтыхьым игъэува дыщэ сурэтышхуэм щхьэщэ хуэфщӀ. 6Зридзыхыу щхьэщэ зымыщӀыр занщӀэу хьэку жьэражьэм ирадзэнущ».
7Арати, а пшыналъэхэм я макъхэр#3:7 а пшыналъэхэм я макъхэр – АрамеибзэкӀэ: «бжьакъуэ накъырэм, сыринэм, пхъэ пшынэм, пшынэ дыкъуакъуэм, шыкӀэпшынэм я макъхэр нэгъуэщӀ пшыналъэхэм дэщӀыгъуу»; 10-нэ, 15-нэ пычыгъуэхэми ущрохьэлӀэ. къызэрыӀуу, лъэпкъ псоми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, цӀыхуцӀэ зиӀэ псоми зрадзыхри Нэбыхъунэщыр пащтыхьым игъэува сурэтышхуэм щхьэщэ хуащӀащ.
8Абдежым бабылей цӀыхухэм ящыщ зыгуэрхэм, фӀы ягу имылъхэу, журтхэр хуабжьу ягъэкъуэншэн щӀадзащ. 9Абыхэм пащтыхьым бзэгу хуахьащ: «Зи щӀыхьыр ин! 10Уэратэкъэ унафэ къыдэзыгъэкӀар, ди пащтыхь лъапӀэ, пшыналъэхэм я макъхэр зыхэзых дэтхэнэми зридзыхыу дыщэм къыхэщӀыкӀа сурэтышхуэм щхьэщэ хуищӀын хуейуэ, 11икӀи зридзыхыу щхьэщэ зымыщӀыр хьэку жьэражьэм ирадзэну? 12НтӀэ, журтхэу Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу сымэ, Бабылей хэгъэгум и унафэщӀу тебгъэувахэр, уэ къодаӀуэркъым, ди пащтыхь лъапӀэ. Ахэр уи тхьэхэм хуэлажьэркъым икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ уэ бгъэува сурэтышхуэми щхьэщэ хуащӀыркъым».
13Нэбыхъунэщыр Ӏейуэ къэгубжьри а журтхэр къыхуашэну жиӀащ. Ахэр пащтыхьым къыхуашэри, 14Нэбыхъунэщыр абыхэм еупщӀащ: «Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу, фэ си тхьэхэм фахуэмылажьэу икӀи сэ згъэува дыщэ сурэтышхуэми щхьэщэ хуэвмыщӀу жаӀэр пэж? 15ИджыпступцӀэ пшыналъэхэм я макъхэр зэрызэхэфхыу, зевдзыхрэ сэ згъэува сурэтышхуэм щхьэщэ хуэфщӀмэ, дэгъуэщ. Щхьэщэ хуэвмыщӀрэ – занщӀэу хьэку жьэражьэм фрезгъэдзэнущ. ИтӀанэ сыт хуэдэтхьэ си ӀэмыщӀэм фыкърихыу фыкъезыгъэлыфынур?»
16Абыхэм пащтыхьым жэуап иратыжащ: «Мы ӀуэхумкӀэ къытщхьэщыжын дыхуэныкъуэкъым. 17Дэ дызыхуэлажьэ Тхьэр щыӀэмэ, хьэку жьэражьэм драдзэми дыкъригъэлыфынущ#3:17 Дэ дызыхуэлажьэ Тхьэр щыӀэмэ, хьэку жьэражьэм драдзэми дыкъригъэлыфынущ – Е «Хьэку жьэражьэм драдзэми, дэ дызыхуэлажьэ Тхьэм дыкъригъэлыфынущ», е «Дэ дызыхуэлажьэ Тхьэм хьэку жьэражьэм дыкъригъэлыфыну щытмэ, дыкъригъэлынущ». АрамеибзэкӀэ тха псалъэухам и мыхьэнэр зэмылӀэужьыгъуэу къыбгурыӀуэ мэхъу. , уи ӀэмыщӀи дыкърихынущ. 18Уеблэмэ, дыкъримыгъэлми, пщӀэну дыхуейщ, ди пащтыхь лъапӀэ, уи тхьэхэм дазэрыхуэмылэжьэнур, дыщэ сурэтышхуэу бгъэувами щхьэщэ зэрыхуэдмыщӀынур».
19Абдежым Нэбыхъунэщыр ӀэлфӀыцӀэу къызэкӀуэкӀри Шэдрахьи, Мешэхьи, ӀэведНэгуи нэщхъыдзэу яжьэхэплъащ. Абы хьэкур зэрыщытам нэхърэ блыкӀэ нэхъ пщтыру ягъэплъыну унафэ ищӀри, 20и дзэм щыщ зауэлӀ нэхъ лъэрызехьэхэм Шэдрахьи, Мешэхьи, ӀэведНэгуи япхыу хьэку жьэражьэм ирадзэну яжриӀащ. 21Арыххэти, гъуэншэджхэри джанэхэри зэращыгъыу, пыӀэхэри зэращхьэрыгъыу – зэрыхуэпа дыдэм хуэдэу, щӀалэхэр япхри хьэку жьэражьэм ирадзащ. 22Пащтыхьым и унафэ ткӀийм ипкъ иткӀэ, хьэкум мафӀэлыгъей иращӀыхьати, ахэр абы изыдза зауэлӀхэр мафӀэ бзэгум ипхъуатэри исащ, 23щӀалищыр пхауэ хьэку жьэражьэм ихуащ.
24Пащтыхьыр къэуӀэбжьауэ къыщылъэтри, и чэнджэщэгъухэм еупщӀащ: «Ӏэпхлъэпх тщӀыуэ хьэкум иддзар лӀищтэкъэ?»
Абыхэм жэуап къратыжащ: «Пэж дыдэщ, ди пащтыхьыфӀ».
25Нэбыхъунэщыр жиӀащ: «АтӀэ мафӀэм къыщакӀухьу сэ лӀиплӀ солъагъури, мыпхарэ лажьихъати ямыӀэу, еплӀанэр тхьэм ещхьу!»
26Пащтыхьыр хьэку жьэражьэм и гъуанэм гъунэгъу зыхуищӀри джащ: «Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу, Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм и пщылӀхэ! ФыкъикӀыж мыдэ!»
Ахэр мафӀэм къыхэкӀыжащ. 27Пщыхэми, лӀакъуэлӀэшхэми, хэгъэгу пашэхэми, пащтыхьым и чэнджэщэгъухэми ахэр къаухъуреихьри къалъэгъуащ мафӀэм и зэран абыхэм зэремыкӀар: я зы щхьэцыпи пилыгъукӀатэкъым, я щыгъынхэри зэрыпсот, абы дэнэ къыщына, Ӏугъуэмэ къудей къакӀэрихыртэкъым.
28Абдежым Нэбыхъунэщыр жиӀащ: «Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу сымэ я Тхьэм щытхъу хуэфащэщ, и мелыӀыч къигъакӀуэри и пщылӀхэр къригъэлащи! Абы щыгугъыурэ ахэр си псалъэм ебэкъуат, езыхэм я Тхьэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ тхьэхэм хуэмылэжьэн щхьэкӀэ я гъащӀэр яфӀэкӀуэдынкӀэ зэрыхъунуми щымышынэу.
29Абы къыхэкӀкӀэ унафэ сощӀ: Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу сымэ я Тхьэм псалъэ Ӏей хужызыӀэ цӀыхуцӀэ зиӀэ дэтхэнэри, сыт хуэдэ лъэпкъ щыщри, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэри, цӀыкӀуцӀыкӀуу яупщӀэтэну, и унэри зэхакъутэну, Абы хуэдэу укъезыгъэлыфын нэгъуэщӀ тхьэ щыӀэкъыми».
30Пащтыхьым Шэдрахьи, Мешэхьи, ӀэведНэгуи игъэлъапӀэу Бабылей хэгъэгум къулыкъу нэхъ лъагэжхэр щаритащ.
Нэбыхъунэщыр и пщӀыхьэпӀэ етӀуанэр
31ЩӀылъэм лъэпкъыу тетым, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, цӀыхуцӀэ зиӀэ псоми Нэбыхъунэщыр пащтыхьым зыкъыфхуегъазэ: мамырыгъэрэ тыншыгъуэрэ фхуребагъуэ!
32Я нэхъ Лъагэм хьэлэмэтлажьэрэ фӀэщхъуныджэу къысщигъэщӀахэм я хъыбарыр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.
33Сыту иныщэ Абы и нэщэнэхэр!
Сытуи лъэщ и Ӏуэху телъыджэхэр!
И пащтыхьыгъуэр мыкӀуэдыжынщ,
и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым!
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Данил 3: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: