Данил 1
1
Данил сымэ бабылей пщӀантӀэм
1Ехьукъим#1:1 Ехьукъим – Ехьукъим Ехьудей хэкур и ӀэмыщӀэ илъащ ди лъэхъэнэр къимыхьэ щӀыкӀэ 609 гъэм щыщӀэдзауэ 598 гъэм нэсыху. пащтыхьыр Ехьудейм зэрытетрэ илъэс ещанэр екӀуэкӀыу, Бабылейм#1:1 Бабылейм – Вавилон. «Бабылей» псалъэм «Бабылейм и къалащхьэ» е «Бабылей хэкур зэрыщыту» жиӀэу къикӀынкӀи мэхъу. и пащтыхь Нэбыхъунэщыр#1:1 Нэбыхъунэщыр – Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 605 гъэм щегъэжьауэ 562 гъэм нэс Бабылей пащтыхьыгъуэр зи ӀэмыщӀэ илъа Навуходоносор ЕтӀуанэрщ. Ерусалим къекӀуалӀэри къитӀысыхьащ. 2Тхьэуэ Зиусхьэным и ӀэмыркӀэ, Ехьудейм и пащтыхь Ехьукъим Нэбыхъунэщыр и ӀэмыщӀэ ихуащ, Тхьэм и Унэм щӀэт хьэкъущыкъу лъапӀэхэм щыщи ӀэщӀыхьащ. А хьэкъущыкъу лъапӀэхэр абы Бабылей#1:2 Бабылей – ЖуртыбзэкӀэ: «Шинар». щӀыналъэм ишэри и тхьэм и унэм щӀэт хъугъуэфӀыгъуалъэм ирилъхьащ.
3Пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэу щыт Ӏэшпеназ унафэ хуищӀащ исрэӀил лъэпкъым ныбжьыщӀэ зыбжанэ къыхишыну: пащтыхь унагъуэрэ лӀакъуэлӀэшхэмрэ къахэкӀахэу, 4зи Ӏэпкълъэпкъыр дертыншэрэ фафӀэхэу, сыт хуэдэ еджэныгъэми хуэгурыхуэрэ щӀэныгъэ зыбгъэдэлъхэу, зэхэщӀыкӀ зиӀэхэу. А щӀалэхэу, сэрей пщӀантӀэм пащтыхьым щыхуэлэжьэфын хуэдэхэм, бабылеибзэ ирагъащӀэн хуейт, бабылей#1:4 бабылеибзэ... бабылей – ЖуртыбзэкӀэ: «халдеибзэ», «халдей». Халдейхэр Бабылей хэкум и ипщэ лъэныкъуэм щыпсэуа лъэпкъщ, Нэбыхъунэщыр и унагъуэр зыщыщар арщ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм куэдрэ апхуэдэ фӀэщыгъэцӀэкӀэ Бабылей хэкум щыпсэуа лъэпкъ псоми я гугъу ещӀ. тхылъхэми щӀагъэджыкӀын хуейт. 5Пащтыхьым унафэ ищӀащ махуэ къэс езым и Ӏэнэм къытекӀ ерыскъыгъуэхэмрэ езыр зэфэ санэм хуэдэрэ абыхэм иратыну. ИлъэсищкӀэ ахэр ирагъэджа нэужь, пащтыхьым хуэлэжьэн щӀадзэн хуейт.
6Абыхэм яхэтт ныбжьыщӀэ зыбжанэ Ехьудэ и лӀакъуэм щыщхэу: Данил, Хьэнан, МышрэӀил, Уэзий сымэ. 7Пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм абыхэм я цӀэр ихъуэжащ: Данил – Бэлътэщэр фӀищащ, Хьэнан – Шэдрахь, МышрэӀил – Мешэхь, Уэзий – ӀэведНэгу.
8АрщхьэкӀэ Данил, пащтыхь Ӏэнэм къытекӀ шхыныгъуэхэмкӀи пащтыхьыр зэфэ санэм хуэдэмкӀи зимыуфӀеину игу ирилъхьэри, пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм елъэӀуащ, абыхэмкӀэ зимыуфӀеину хуит къищӀыну. 9Тхьэм и ӀэмыркӀэ ар Данил нэфӀкӀэ къеплъащ, 10ауэ и лъэӀур къыхуищӀэфакъым: «Фшхынми фызэфэнми унафэ тезыщӀыхьа си зиусхьэн пащтыхьым сыщошынэ. Фэ фи ныбжь адрей щӀалэхэм нэхърэ фынэхъ фагъуэу абы гу къыфлъитэмэ, итӀанэ фэр щхьэкӀэ си щхьэр фӀихынущ», – жиӀэри.
11Апхуэдэу щыхъум, Данил елъэӀуащ пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм Данили, Хьэнани, МышрэӀили, Уэзии къахуигъэува кӀэлъыплъакӀуэм: 12«КхъыӀэ, уи пщылӀхэр махуипщӀкӀэ дыгъэунэху хадэхэкӀрэ дызэфэну псырэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ зыри тшхыну къыдумыту, – жиӀэри. 13– ИтӀанэ ди теплъэмрэ пащтыхьым и шыгъупӀастэр зыӀухуэхэм я теплъэмрэ зэгъапщи, уи пщылӀхэм адэкӀэ сыт къыдэпщӀэнуми уэ езыр узэреплъыжщ».
14КӀэлъыплъакӀуэр арэзы хъури махуипщӀкӀэ ахэр игъэунэхуащ.
15МахуипщӀыр дэкӀа нэужь, абыхэм нэхъ узыншафи нэхъ фэфӀи ятетт пащтыхьым и шыгъупӀастэр зыӀухуэхэм нэхърэ. 16Апхуэдэу щыхъум, кӀэлъыплъакӀуэм щӀалэхэм хэплъыхьауэ къыхуашэ шхыныгъуэхэмрэ санэмрэ я пӀэкӀэ хадэхэкӀхэр къаритурэ екӀуэкӀащ.
17Тхьэм а ныбжьыщӀиплӀым сыт хуэдэ щӀэныгъэри къагурыӀуэфу зэхэщӀыкӀыныгъэшхуэ къаритащ. КъищынэмыщӀауэ, Данил, пщӀыхьэпӀэхэри сыт хуэдэ къэлъагъуэныгъэхэри зэхихуфу, зэчиишхуэ къыбгъэдилъхьащ.
18Пащтыхьым игъэува пӀалъэр дэкӀа нэужь, и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм щӀалэхэр абы и пащхьэ иришащ. 19Пащтыхьыр абыхэм епсэлъылӀэри, Данил, Хьэнан, МышрэӀил, Уэзий сымэ хуигъэдэн ирагъэджа гупым хэмыту къилъытащ. Апхуэдэу а плӀым пащтыхьым хуэлэжьэн щӀадзащ. 20Ӏущыгъэрэ зэхэщӀыкӀыныгъэрэ хуэныкъуэу сыт хуэдэ ӀуэхукӀэ пащтыхьыр абыхэм еупщӀми, и пащтыхьыгъуэ псом щыӀэ Ӏэзэгъуазэхэмрэ мэгъухэмрэ нэхърэ ахэр пщӀыкӀэ зэрынэхъыфӀыр илъагъурт.
21Данил абы щыӀащ, тетыгъуэр Кир пащтыхьым къыщыӀэщӀыхьа гъэм нэсыхукӀэ#1:21 Къэжэр пащтыхь Кир ЕтӀуанэм Бабылейр къизэуащ ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 539 гъэм. .
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Данил 1: АдгФЛ
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021