ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7
7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЛӀыгъэ-фызыгъэ теухуа хабзэмрэ Мэссихь дызэрыхущытынумрэ
1Си къуэшхэ, хабзэм иритхахэр зыщӀэ цӀыхуу фыслъытэу сынывопсалъэ: ЦӀыхур псэуху, хабзэм тепщэныгъэ зэрыхуиӀэр фщӀэркъэ? 2Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ. 3Аращи, и лӀыр псэууэ, фызыр нэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэпсэумэ, зинэ ищӀауэ арщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, а унафэм фызым тепщэныгъэ хуиӀэжкъым. НэгъуэщӀ лӀы гуэрым дэкӀуэжмэ, зинэ ищӀауэ къикӀыркъым.
4Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ. 5Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ ди гуэныхьышӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэу щыщытам, Торэт хабзэм зэщӀигъэплъа гуэныхьыщӀэ хъуэпсэныгъэхэр ди пкъым щыщ пкъыгъуэхэм хэлът, ажалыр абыхэм къытхухэкӀыу. 6Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.
Торэт хабзэмрэ гуэныхь щӀэнымрэ
7Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ»,#7:7 хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ – мы унафэр Тхьэм Мусэ бегъымбарым къыхуигъэна унафипщӀым ящыщу епщӀанэ унафэр аращ. Еплъ 2 Мусэ 20:17. къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым. 8Ауэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, а унафэмкӀэ сыт хуэдэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэри си гум кърилъхьащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэр щымыӀэмэ, гуэныхьри лӀам хуэдэщ. 9Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури, 10сэри лӀам хуэдэ сыхъуащ. Апхуэдэу, цӀыхухэм гъащӀэ ягъуэтын щхьэкӀэ, Тхьэм къытхуищӀа унафэм сигъэлӀащ. 11Тхьэм и унафэкӀэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, сыкъигъэпцӀащ, а унафэ дыдэмкӀи сигъэлӀащ. 12Апхуэдэу, Торэт хабзэр лъапӀэщ, унафэри лъапӀэщ, икӀи захуэщ, икӀи фӀыщ.
13Абы щыгъуэ ӀуэхуфӀ гуэрым сигъэлӀауэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ гуэныхьыр зыхуэдэр нахуэ хъун щхьэкӀэ, Торэтым и хабзэфӀымкӀэ гуэныхьым сигъэлӀащ. Апхуэдэу унафэм гуэныхьыр зэрыӀей дыдэр наӀуэ ещӀ.
14Торэт хабзэр Тхьэм деж къызэрикӀар дощӀэ. Ауэ сэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, гуэныхьым срипщылӀщ. 15Сэ сщӀэ Ӏуэхур къызгурыӀуэркъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сщӀэну сызыхуей Ӏуэхур злэжьыркъым, ауэ слъагъу мыхъу Ӏуэхур солэжь. 16Злэжыну сызыхуэмей Ӏуэхур згъэзащӀэмэ, Торэт хабзэр фӀыуэ зэрыщытыр зэрыздэращ абы къикӀыр. 17Аращи, гуэныхь зыщӀэр сэракъым, си гум илъ гуэныхьыращ. 18Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым. 19ФӀыуэ сщӀэну сызыхуейр згъэзащӀэркъым, ауэ бзаджагъэу сщӀэну сызыхуэмейр согъэзащӀэ. 20СщӀэну сызыхуэмей Ӏуэхур згъэзащӀэмэ, ар зыгъэзащӀэр сэракъым, си гум илъ гуэныхьыр арщ.
21Апхуэдэу щыхъукӀэ, мыпхуэдэ хабзэ мы Ӏуэхум хэлъу солъагъу: ФӀы сщӀэну сыхуейми, бзаджагъэр сяпэм къохутэ. 22Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ, 23ауэ си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм нэгъуэщӀ хабзэжь яхэлъу солъагъу. А хабзэжьыр си акъылым идэ хабзэфӀым пэщӀоувэ. А хабзэжьым си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылӀ. 24Сыту сыцӀыху тхьэмыщкӀэ! Си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур? 25Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.
Тхьэм и хабзэм срипщылӀщ си акъылкӀэ, ауэ си гуэныхьыщӀэ щэныжьымкӀэ гуэныхьым и хабзэм срипщылӀщ.
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017