ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Ибрэхьим и хъыбарым фӀэщхъуныгъэм къикӀыр къызэригъэнахуэр
1Ди адэшхуэ Ибрэхьим теухуауэ сыт жытӀэнур? Езыр-езыру сыт илэжьар? 2Ибрэхьим илэжьа Ӏуэхухэм щхьэкӀэ абы щыпкъагъэ иӀэу Тхьэм илъытатэмэ, Ибрэхьим зэрызыщытхъужын гуэр иӀэнт, ауэ Тхьэм дежкӀэ апхуэдэу щыткъым. 3Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт хэтыр? Мыпхуэдэу хэтщ:#4:3 Тхьэм и псалъэ тхахэм … яхэтщ – еплъ 1 Мусэ 15:6. «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ».
4ЦӀыху гуэрым Ӏуэху щищӀэкӀэ, лэжьапщӀэр тыгъэу къратыркъым, атӀэ къилэжьащи, кърат. 5ФӀыщӀагъэхэм ящымыгугъ цӀыхуу ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм и Ӏуэхур зытетыр мыращ: Гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэн зылъэкӀ ТхьэмкӀэ а цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ. 6Аращ фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм щыпкъагъэ зиӀэу илъытэ цӀыхур гъуэгу махуэ теувауэ Даут пащтыхьым щӀыжиӀар:#4:6-8 Даут щӀыжиӀар – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 31:1-2.
7«Зи щӀэпхъаджагъэхэр Тхьэм зыхуигъэгъуауэ,
зи гуэныхьхэр зыхуигъэкӀуэда цӀыхухэр
гъуэгу махуэ теуващ.
8Зиусхьэным зи гуэныхьхэр зыхуимылъытэ
цӀыхур гъуэгу махуэ теуващ».
9Гъуэгу махуэ теувахэр сунэт ящӀахэм я закъуэ, е сунэт ямыщӀахэри яхэт абыхэм? Сунэт ямыщӀахэри яхэтщ, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащи. 10Тхьэм Ибрэхьим щыпкъагъэ иӀэу щилъытар Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ е и ужь? И ужькъым, и пэщ. 11Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ. 12Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.
Ибрэхьим Тхьэм зэрыщыгугъам щхьэкӀэ Тхьэм ар къызэригъэгугъар къылъысащ
13Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ. 14Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр къызылъысынухэр Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр аратэмэ, абы щыгъуэ фӀэщхъуныгъэр пщӀэншэ хъунут, Тхьэм къызэригъэгугъами уасэ иӀэнутэкъым. 15Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.
16Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ, 17Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#4:17 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ 1 Мусэ 17:5. «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.
18ГугъапӀэ щыщымыӀэжым, Ибрэхьим Тхьэм щыгугъыу, фӀэщхъуныгъэ иӀащ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм и вагъуэхэм хуэдизу бэгъуэнущ», жиӀэу Тхьэм абы къызэрыжриӀэгъам хуэдабзэу,#4:18 Тхьэм абы къызэрыжриӀэгъам хуэдэ къабзэу – еплъ 1 Мусэ 15:5. Ибрэхьим лъэпкъ куэдым адэ яхуэхъуащ. 19И фӀэщхъуныгъэм зыри хэмыщӀауэ, езыр лӀэн гъунэгъу зэрыхъуами еплъакъым, илъэсищэм нэблэгъат, Сарэ бын зэримыӀэфынуми еплъакъым. 20ФӀэщхъуныгъэ иӀэти, Тхьэм къызэригъэгугъамкӀэ шэч ищӀакъым. И фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъури, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ. 21Тхьэм къызэригъэгугъар игъэзэщӀэн зэрылъэкӀынум зэи шэч къытрихьакъым. 22ТхьэмкӀэ апхуэдизу фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ. 23«Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ» жыхуаӀэ псалъэхэр зытеухуар Ибрэхьим и закъуэкъым, 24дэри къыттеухуащ. Тхьэм дэри щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ – дэри, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэнущ. 25Дэ гуэныхь зэрытщӀам щхьэкӀэ Тхьэм Хьисэ ажалым ӀэщӀилъхьащ, дэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
: