ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 15
15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Ди щхьэракъым ди фӀагъ зэдгъэкӀын хуейр, атӀэ ди гъунэгъуращ
1Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ. 2Дэ тщыщу хэти и гъунэгъум фӀы хуищӀэурэ, арэзы ищӀын хуейщ, гурэ псэкӀи нэхъ лъэкӀыныгъэ иригъэгъуэтын хуейщ. 3Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#15:3 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 68:10. «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ». 4Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щӀатхар щыпкъагъэр дагъэщӀэн щхьэкӀэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыӀэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диӀэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ.
5Теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм, зы гупсысэкӀэ фиӀэу, Мэссихь Хьисэ и гъуэгу фрикӀуэу фрегъэпсэу. 6Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэм зыгурэ зы псэкӀэ фи жьэм къыжьэдэкӀыурэ щӀыхьышхуэ хуэфщӀынущ.
7Аращи, фэ Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ. 8Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ. 9Абы нэмыщӀуи, Хьисэ и фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар хамэ лъэпкъхэм#15:9 хамэ лъэпкъхэр – мыжуртхэращ. Тхьэм и гущӀэгъум папщӀэ щӀыхь хуаригъэщӀын щхьэкӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#15:9 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 17:50.
«Абы щхьэкӀэ, уэ, си Зиусхьэн,
хамэ лъэпкъхэм сахэту уи щӀыхьыр сӀэтынущ,
щӀыхь уэрэдхэри уи цӀэкӀэ къыжысӀэнущ».
10Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи хэтщ:#15:10 Тхьэм и псалъэ тхахэм … хэтщ – еплъ 5 Мусэ 32:43.
«Фэ, хамэ лъэпкъхэр, Тхьэм и лъэпкъым
фригъусэу фыгуфӀэ».
11Мыпхуэдэуи Тхьэм и псалъэхэм яхэтщ:#15:11 мыпхуэдэуи … яхэтщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 116:1.
«Фэ, хамэ лъэпкъ псоми,
Зиусхьэным и щӀыхьыр фӀэт,
фэ, лъэпкъ псоми,
и щӀыхьыр фӀэт».
12Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:#15:12 Ешайа бегъымбарым … къыжиӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 11:10.
«Иессе#15:12 Иессе – Даут пащтыхьым и адэр арщ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым щыщт Хьисэ. къытехъукӀыну бын лъапӀэр къэкӀуэнурэ,
хамэ лъэпкъхэм Ӏэтащхьэ яхуэхъунущ.
Хамэ лъэпкъхэр абы щыгугъыурэ пэплъэнущ».
13ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.
Паул гушхуэныгъэ хэлъу тхэ зэрыхъуар
14Си къуэшхэ, фи гум фӀыгъуэшхуэ зэрилъымкӀи, щӀэныгъэшхуэ зэрывиӀэмкӀи, зым адрейм Ӏуэхухэр иригъэщӀэн зэрыфлъэкӀымкӀи дзыхь фхузощӀ. 15Апхуэдэу щытми, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжыну щӀыпӀэ-щӀыпӀэкӀэрэ сытегушхуауэ ныфхузотх, хэчыхьауэ. Сытегушхуауэ щӀэстхыр хамэ лъэпкъхэм я деж Хьисэ Мэссихь сыщыхуэлэжьэну Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ сыкъызэригъэувар арщ. 16Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъащӀэурэ, дин пашэ Ӏуэху солэжь. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щӀезгъащӀэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хамэ лъэпкъхэм я гур зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀэ ахэр Тхьэм и гум ирихь къурмэныпхъэм хуэдэу хъуну папщӀэкӀэщ.
17Хьисэ Мэссихь си псэм щыщу, Тхьэм хуэсщӀа Ӏуэхум сыщогуфӀыкӀ. 18-19Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум#15:19 Иллирик хэкур – Адрие хым Ӏуту, Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкур иджырей Босниер здэщыӀэрщ. нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ. 20НэгъуэщӀ цӀыху гуэрым игъэтӀылъа лъабжьэм си Ӏуэхур тезмыщӀыхьу, Мэссихь и цӀэр щызэхамыха щӀыпӀэхэм хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щалъэзгъэӀэсыну сыт щыгъуи и ужь ситщ. 21Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#15:21 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 52:15.
«Езым и хъыбар зи деж нэмысахэм езыр ялъагъунущ,
и хъыбар зэхэзымыхахэми зэхащӀыкӀынущ».
Паул Рим къалэм кӀуэн зэримурадар
22Аращ, фи деж сынэкӀуэну и ужь куэдрэ сита пэтми, къыщӀызэмыхъулӀар. 23Ауэ иджы мы лъэныкъуэм сэркӀэ Ӏуэху щымыӀэжу,#15:23 мы лъэныкъуэм сэркӀэ Ӏуэху щымыӀэжу – нэгъуэщӀ цӀыхуу Тхьэм хуэлажьэхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуамыӀуэтам а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуиӀуэтэныр Паул и пщэм дэлът. илъэс куэд хъуауэ фи деж сынэкӀуэну сызэрыхуеям къыхэкӀкӀэ, 24Испание къэралым сыщыкӀуэкӀэ, фи деж сыныдыхьэнущ. Гъуэгу сынытехьэмэ, сыныфхыхьэу фыслъагъуну икӀи фи ныбжьэгъугъэм си гур игъэзагъэу гъуэгупщӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъуну сыфщогугъ. 25Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэр яхуэсхьу Ерусалим сыкӀуэну сигу илъщ. 26Македоние, Ахаие хэкухэм#15:26 Македоние, Ахаие хэкухэр – ахэр Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкухэр иджырей Грецием и ищхъэрэ икӀи и ипщэ лъэныкъуэрщ. щыпсэууэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ящыщ тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ, ахъшэ зэхадзэну я гуапэу мурад ящӀащ. 27ДэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну я гуапэу мурад ящӀащ, ядэӀэпыкъунуи я пщэм дэлъщ. Тхьэм журтхэр зэригъэгугъа ӀыхьэфӀым щыщ хамэ лъэпкъхэми яӀэ хъуащ. Аращи, хамэ лъэпкъхэми мы дунейм и мылъку ӀыхьэфӀу яӀэмкӀэ я фӀагъ журтхэм ирагъэкӀын хуейщ. 28А Ӏуэхур згъэзащӀэу, ахъшэ зэхадзар Ерусалим дэсхэм яӀэщӀэслъхьа нэужь, фи деж сыныдыхьэнурэ, итӀанэ Испанием сыкӀуэнущ. 29Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм сыщӀыгъуу сынызэрыкӀуэнур сощӀэ.
30Си къуэшхэ, мыбыкӀэ сыныволъэӀу: ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ фӀылъагъуныгъэм щхьэкӀи, гъусэ фыкъысхуэхъуи, Тхьэм фи фӀэщу фысхуелъэӀу. 31Иудей хэкум ису фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм Тхьэм сащихъумэнуи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм дэӀэпыкъуэгъу зэрахуэхъун ахъшэу яхуэсхьынур гуапэ ящыхъунуи Тхьэм фелъэӀу. 32Абы щыгъуэ, Тхьэм жиӀэмэ, фи деж гуфӀэгъуэкӀэ сынэкӀуэнщи, сывигъусэу зызгъэпсэхужынщ. 33Гузэгъэгъуэр къыдэзыт Тхьэр фрегъусэ. Ӏэмин.
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
: