ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 11

11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм израил лъэпкъым гущӀэгъу зэрыхуищӀыр
1Аращи, сыщӀоупщӀэ: Тхьэр езым и лъэпкъым хуэмеиж хъуа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэри израил лъэпкъым сыщыщщ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм сащыщщ, Биниамин и унагъуэ лъэпкъым сыщыщщ. 2Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм,#11:2-3 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэту – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (3-я Царств) 19:10. Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ: 3«Зиусхьэн, уи бегъымбархэр яукӀащ, уи къурмэнщӀыпӀэхэри зэхакъутащ. Сэ си закъуэу сыкъэнащ, си псэми къощэ». 4Тхьэм Иляс сыт къыжриӀэжар?#11:4 Тхьэм … къыжриӀэжар – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (3-я Царств) 19:18. «Тхьэ нэпцӀ Ваал и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу щымытӀысауэ цӀыху минибл къызыхуэзгъэнащ». 5Иджыпстуи апхуэдэщ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ езым къыхихауэ, цӀыху мащӀэ тӀэкӀу къэнауэ щыӀэщ. 6Тхьэм ахэр къыщӀыхихар и нэфӀ абыхэм къызэращыхуар арщ. Абыхэм ялэжьа ӀуэхуфӀхэм я дэлъ абы хэлъкъым. Апхуэдэу щымытмэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэфӀ щыхуэныгъэ хъунтэкъым.
7Сыт-тӀэ? Израил лъэпкъым къалъыхъуар ягъуэтакъым, ауэ Тхьэм къыхиха цӀыху гупым ягъуэтащ. Къэнахэри ерыщ екӀуащ. 8Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#11:8 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ 5 Мусэ, 29:4; Ешайа бегъымбарым и тхылъым, 29:10.
«Тхьэм ахэр гулъытэншэ ищӀащ.
Я нэхэми ямылъагъуу,
я тхьэкӀумэхэми зэхамыхыу ищӀащ,
нобэрей махуэм къэсыху».
9Даут пащтыхьым жиӀащ:#11:9-10 Даут пащтыхьым жиӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 68:23-24.
«Абыхэм я ефэ-ешхэшхуэр лъахъи, хъыи,
ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мыви яхурехъу.
Яхуэфащэр Тхьэм ярырегъэпшыныж.
10Абыхэм ямылъагъуфыну
я нэхэр Тхьэм ирегъэункӀыфӀ,
тхышэ ирещӀ игъащӀэкӀэ».
Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлыр
11Аращи, сыщӀоупщӀэ: журтхэр щылъэпэрапэм джэлэпа? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэр мыкӀуэду къелыну Тхьэм гъуэгу яритащ, журтхэр абыхэм яригъэфыгъуэн щхьэкӀэ. 12Журтхэр гъуэгу захуэм зэрытекӀам щхьэкӀэ дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэм фӀыгъуэ куэд къаӀэрыхьэщ икӀи журтхэм я Ӏуэхур къазэремыхъулӀам щхьэкӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм фӀыгъуэ куэд яӀэ хъуащ. Аращи, мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну журтхэм я бжыгъэр щрикъукӀэ, сыту фӀыгъуэшхуэ къыхэкӀыну абы!
13Иджы фэ, хамэ лъэпкъхэм, вжызоӀэ: Фэ, хамэ лъэпкъхэм, фи апостол сызэрыхъуам щхьэкӀэ си Ӏуэхур согъэлъапӀэ. 14Си Ӏуэхур щӀэзгъэлъапӀэр си лъэпкъым щыщхэр фэ хамэ лъэпкъхэм къывэзгъэфыгъуэну икӀи абыхэм ящыщ зы гуп мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну арщ. 15Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм журтхэр имыдэ щыхъум, дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ. Тхьэм журтхэр аргуэру щызришэлӀэжкӀэ, дауэ зэрыхъунур? Ар лӀахэр къызэрытэджыжынум хуэдэнущ. 16ХупцӀынэм и япэ Ӏыхьэр Тхьэм иратмэ, хупцӀынэ псори Тхьэм ейщ. Жыгым и лъабжьэр Тхьэм еймэ, жыг къудамэхэри Тхьэм ейщ.
17Хадэм ит зейтун жыгым#11:17 зейтун жыгыр – «маслинэр» арщ. и къудамэхэм ящыщ гуэрхэр Тхьэм къыпищӀыкӀри, уэ, губгъуэм ит зейтун жыг къудамэм хуэдэр, адрей къудамэхэм я пӀэм удигъэкӀащ. Хадэм ит зейтун жыгым и къудамэ къэнахэм уращӀыгъуу а жыгым и лъабжьэми ипсми я фӀагъ къыуагъэкӀ. 18Аращи, Тхьэм а жыгым къыпищӀыкӀа къудамэхэм я пащхьэм деж ущызыщымытхъуж. Узыщытхъужмэ, мыр зыщыумыгъэгъупщэ: Уэ уи фӀагъ лъабжьэм ебгъэкӀыркъым, атӀэ лъабжьэм и фӀагъ уэ къыуегъэкӀ. 19Уэ къызжепӀэнкӀи хъунщ: «Жыгым сэ сыдигъэкӀэну а къудамэхэр Тхьэм жыгым къыпищӀыкӀащ». 20Пэжщ, абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм ахэр жыгым къыпищӀыкӀащ, ауэ уэ фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ уи пӀэм укъонэ. Аращи, зумыгъэпагэ, шынагъи зигъэӀэ. 21Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хадэм ит жыгым и къудамэхэм Тхьэр щащымысхькӀэ, уэ къыпщысхьыну?
22Мыращ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ и пхъашагъэмрэ: и гъуэгу текӀахэм яхуэпхъашэщ, ауэ уэ Тхьэм и фӀыгъуэм зыхыумыгъэнмэ, и фӀыгъуэр къыплъигъэсынущ. Апхуэдэу мыхъумэ, уэри а жыгым укъыпищӀыкӀынущ. 23Журтхэми я фӀэщмыхъуныгъэр зыханэжмэ, Тхьэм ахэри жыгым дигъэкӀэжынущ, Тхьэм ахэр жыгым дигъэкӀэжын лъэкӀынущи. 24Фэ (хамэ лъэпкъхэр) губгъуэм ит зейтун жыгым Тхьэм фыкъыпищӀыкӀри, хадэм ит зейтун жыгым фыдигъэкӀащ. Абы щыгъуэ хадэм ит зейтун жыгым и къудамэхэр (журтхэр аращ), езыхэм я жыгым дигъэкӀэжыныр Тхьэм дежкӀэ нэхъ гугъу?
Тхьэм израил лъэпкъым езым деж къызэрыригъэгъэзэжыр
25Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм. 26Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ израил лъэпкъ псори мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#11:26-27 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 59:20-21; 27:9.
«ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур
Сион къалэм#11:26 Сион къалэр – Ерусалимщ. къыдэкӀынущ.
Ар къыщыкӀуэжкӀэ,
Бзаджагъэр Екъуб и лъэпкъым
хигъэкӀуэдыкӀыжынущ».
27(ИтӀанэ Тхьэм жиӀащ:)
«Мы зэгурыӀуэныгъэращ сэрэ
абыхэмрэ дяку дэслъхьэнур,
я гуэныхьхэр щащхьэхысхыжкӀэ».
28Журтхэм хъыбарыфӀыр* зэрамыдам щхьэкӀэ фэ фи фӀагъ а Ӏуэхум къыхэкӀыу, Тхьэм и бий хъуащ ахэр. Ауэ Тхьэм журтхэр къызэрыхихам щхьэкӀэ фӀыуэ елъагъу, я адэшхуэхэм я хьэтыркӀэ. 29Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхухэм тыгъэхэр щариткӀэ, и бын хъунуи къыщыхуриджэкӀэ, апхуэдэу зэрищӀам хущӀегъуэжыркъым. 30Фэ (хамэ лъэпкъхэр) Тхьэм федаӀуэу щытакъым, ауэ израил лъэпкъыр Тхьэм зэремыдэӀуам щхьэкӀэ Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀащ иджы. 31Журтхэр иджыри Тхьэм едаӀуэркъым, фэ къыфхуищӀа гущӀэгъум хуэдэ Тхьэм абыхэми къахуищӀын щхьэкӀэ. 32Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыху псори емыдаӀуэу къигъэнащ, абыхэм псоми гущӀэгъу къахуищӀын щхьэкӀэ.
33Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр,
и акъылъыфӀагъэшхуэр,
и щӀэныгъэшхуэр!
И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми
лъэкӀынукъым.
И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн
зыми лъэкӀынукъым.
34«Хэт Зиусхьэным и гум илъыр зыщӀэр?
Хэт абы чэнджэщэгъу хуэхъуар?
35Хэт Тхьэм зыгуэркӀэ етар,
Тхьэм абы тыгъэ къритыжыну?»#11:34-35 Еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:13; Ӏэиуб бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым (Иов) 41:11.
36Ӏуэху псори Тхьэм и Ӏэм къикӀащ.
И лъэкӀыныгъэкӀэ икӀи и щӀыхьышхуэм
щхьэкӀэ Ӏуэху псори къэхъуащ.
МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр Тхьэм ейщ. Ӏэмин.

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល