Апостол. 9
9
9-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуэгум Щаул зэрытехьар
(Апостол. 22:6-16; 26:12-18)
1Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр хуабжьу игъэбийуэ, «Хьисэ и гъуэгум фытемыкӀмэ, фыдукӀынущ» яжриӀэ зэпытт. Дин пашэшхуэм деж кӀуэри елъэӀуащ:
2– Дамаск къалэм щыӀэ синэгуэгухэм тхылъ яхуэтхи, къызэт.
Щаул апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ и гъуэгу тетхэр Дамаск къыщигъуэтмэ, цӀыхухъуми цӀыхубзми, Ӏэпхлъэпх иригъэщӀурэ Ерусалим къригъэшэну арат. 3Гъуэгум тетурэ, Дамаск гъунэгъу щыхуэхъум, уафэм нэхугъэ гуэр напӀэзыпӀэм къехри, Щаул къиухъуреихьащ. 4ЩӀым теджалэри, макъ гуэрым къыжриӀэу зэхихащ Щаул:
– Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщӀебгъэхьыр?
5– Уэ ухэт, Зиусхьэн? – жиӀащ Щаул.
– Хьисэ гугъу ебгъэхьыр сэращ, – жиӀаш абы, – выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи щхьэм лей ибохыж. 6Къэтэджи, къалэм дыхьэ. Уэ пщӀэн хуейр зыгуэрым къыщыбжиӀэнущ абдежым.
7Щаул и гъусэхэр зы псалъэ яхужымыӀэрэ я пӀэм ижыхьауэ къэнащ. Макъыр зэхахат, ауэ цӀыху зыри ялъэгъуакъым. 8Щаул къэтэджри, и нэхэр къызэтрихыжащ, ауэ абыхэм зыри ялъагъужыртэкъым. Арати, Щаул и Ӏэр яӀыгъыу Дамаск дашащ. 9Щаул махуищкӀэ зыри имылъагъужу щытащ, а зэманым къриубыдэу зыри ишхакъым, ирифакъым.
10ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ящыщу Ананий зи цӀэ гуэр Дамаск дэст. Зиусхьэныр абы къыхуэхутэри къеджащ:
– Ананий!
– Сэращ, Зиусхьэн, – иритыжащ жэуап Ананий.
11– Тэджи, «Уэрам ЗанщӀэ» жыхуаӀэ уэрамым тет Иудэ и унэм кӀуэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным Ананий. – Абы Щаул и цӀэу Тарс къалэм щыщым щыщӀэупщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар Тхьэм йолъэӀу. 12Абы и нэхэр къигъэплъэжын щхьэкӀэ, Ананий и цӀэу лӀы гуэр къыхуэкӀуауэ, и Ӏэхэр къытрилъхьэу илъэгъуащ.
13– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ. 14Иджы дин пашэшхуэхэм хуит закъригъэщӀри, мыбы къэкӀуауэ уэ къолъэӀу цӀыху псоми Ӏэхъулъэхъу ярыригъэлъхьэну хэтщ.
15Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ:
– КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ. 16Сэ абы езгъэлъагъунущ си цӀэм щхьэкӀэ гугъуехьу ишэчын хуейр зыхуэдизыр.
17Арати, Ананий а унэм кӀуэри щӀыхьащ. И Ӏэхэр Щаул и щхьэм трилъхьэри, жиӀащ:
– Щаул, си къуэш, уэ мыбы укъыщыкӀуэм щыгъуэ Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум къыщыпхуэхутам сыкъигъэкӀуащ, уэ уи нэхэр къэплъэжын икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уи гум кууэ хыхьэн щхьэкӀэ.
18Ар щыжиӀэм, бдзэжьеифэхэм хуэдэу Щаул и нэхэм зыгуэрхэр къыщӀэлъэлъащ, ялъагъууи хъужащ. Щаул къэтэджри, Ананий ар иумэхъащ. 19Абы и ужькӀэ Щаул шхащ, къаруи игъуэтыжащ.
Щаул хъыбарыфӀыр Дамаск къалэм зэрыщиӀуэтар
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Дамаск дэсхэм я деж Щаул махуэ зыбжанэкӀэ щыӀащ. 20ЗанщӀэуи щӀидзащ Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр синэгуэгухэм цӀыхухэм щахуиӀуатэу. 21Ар зэхэзыха цӀыху псоми ягъэщӀагъуэу жаӀэрт:
– Мы лӀыракъэ Хьисэ елъэӀу цӀыхухэм Ерусалим гугъуехь щезыгъэшэчу щытар? Мыбы ар къыщӀэкӀуар Хьисэ елъэӀу цӀыхухэм Ӏэхъулъэхъу иригъащӀурэ дин пашэшхуэхэм яхуишэну аракъэ?
22Ауэ Щаул нэхъ лъэкӀыныгъэ иӀэ хъуащ. Хьисэ зэры-Мэссихьыр#9:22 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. игъэщыпкъэжурэ, Дамаск дэс журтхэм езым къыжраӀэнур ямыщӀэу къигъэнащ.
Щаул журтхэм къазэраӀэщӀэкӀар
23Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Щаул яукӀыну мурад ящӀащ журтхэм. 24Абыхэм я мурадыр Щаул къищӀащ. Ар яукӀын щхьэкӀэ, жэщи махуи куэбжэхэм Ӏуту пэплъэрт журтхэр. 25Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Щаул жэщу къыдашри, къалэ блыным иӀэ гъуанэмкӀэ чы матэшхуэм ису блыным кърагъэхащ.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ерусалим дэсхэм я деж Щаул зэрыкӀуар
26Ерусалим щынэсым, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхыхьэну хэтащ Щаул, ауэ абы ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрыхъуар абыхэм я фӀэщ яхуэмыщӀурэ щышынэрт. 27Варнавэ#9:27 Варнавэ – еплъ 4:36-37. здишэри, Щаул апостолхэм я деж кӀуащ. Щаул Зиусхьэныр гъуэгум зэрыщилъэгъуари, Зиусхьэныр Щаул къызэрепсэлъари, Дамаск дэс цӀыхухэм Хьисэ и цӀэкӀэ Щаул хъыбарыфӀыр тегушхуауэ щахуиӀуатэу зэрыщытари Варнавэ абыхэм яхуиӀуэтэжащ. 28Апхуэдэу щыхъум, Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм яхэкӀ-яхыхьэу Ерусалим дэсащ, тегушхуауэ цӀыхухэм хъыбарыфӀыр Зиусхьэным и цӀэкӀэ яхуиӀуатэу. 29Алыджыбзэм техьа журтхэми#9:29 алыджыбзэм техьа журтхэр – еплъ 6:1. епсалъэрт икӀи едауэрт, ауэ абыхэм ар къаукӀыну хэтащ. 30Къуэшхэм#9:30 къуэшхэр – еплъ 1:16. ар къыщащӀэм, Щаул Кесарие къалэм ирашэхри, Тарс къалэм#9:30 Тарс къалэр – Паул зыщыщ къалэращ. Ар Рим къэралыгъуэшхуэм щыщу, Киликие хэкум и къалэшхуэу щытащ. ягъэкӀуащ.
31Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.
Петр Еней зэригъэхъужар
32Петр хэкур къыщызэхикӀухьым, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Лиддэ къалэм#9:32 Лиддэ къалэр – Ерусалим километр 32-кӀэ пэжыжьэу, абы и ищхъэрабгъу-къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэщ. Иоппие къалэм километр 15-кӀэ пэжыжьэщ ар. Нобэ а къалэм и цӀэр Лодщ. дэсхэм я деж кӀуащ. 33Еней зи цӀэ лӀы гуэрым щыӀущӀащ абы. Илъэсий хъуауэ пкъыуэ хъуауэ, пӀэм хэлът ар.
34– Еней, – жриӀащ Петр, – Хьисэ Мэссихь уегъэхъуж. Къэтэджи, уи пӀэр Ӏухыж.
Ар зэрыжиӀэу, Еней къэтэджащ. 35Лиддэ къалэм* дэс псори, Сарон губгъуэ тафэм#9:35 Сарон губгъуэ тафэр – Кесарие къалэм щыщӀэдзауэ Иоппие къалэм нэсыху хы Ӏуфэм декӀуэкӀыу Ӏутщ. И кӀыхьагъыр километр 48-рэ мэхъу. тес псори, Еней щалъагъум, Зиусхьэным и гъуэгу техьащ.
Петр Тавифэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар
36Иоппие къалэм#9:36 Иоппие къалэр – Лиддэ къалэм километр 15-кӀэ пэжыжьэу хы Ӏуфэм Ӏутщ. Нобэ «Яфэ» жаӀэ. Яфэ къалэр Тел-Авивэм щыщщ. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт. 37А махуэхэм сымаджэ къэхъури, ар дунейм ехыжащ. И хьэдэр ягъэпскӀри, унэм и етӀуанэ къатым драхьеящ. 38Лиддэ къалэр Иоппие къалэм пэгъунэгъути, Петр абы зэрыщыӀэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щызэхахым, «ЗумыӀэжьэу, ди деж къакӀуэ!» жраӀэну, лӀыкӀуитӀ Петр деж ягъэкӀуащ.
39Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.
40Петр цӀыхухэр унэм щӀигъэкӀщ, лъэгуажьэмыщхьэу уври, Тхьэм елъэӀуащ. Хьэдэм зыхуигъазэри, жиӀащ итӀанэ:
– Тавифэ, къэтэдж!
Тавифэ и нэхэр къызэтрихри, Петр щилъагъум, къэтӀысащ. 41Петр абы и Ӏэр иубыдри къигъэтэджыжащ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ фызабэхэмрэ къриджэри, Тавифэ псэууэ яритыжащ итӀанэ. 42А хъыбарыр Иоппие къалэм дэс псоми зэлъащӀысащ, цӀыху куэдми ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. 43Симон зи цӀэ фащӀэ гуэрым деж Петр махуэ куэдкӀэ Иоппие къалэм хьэщӀэу къыдэнащ абы и ужькӀэ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол. 9: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: