Апостол. 4

4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ зэрырашар
1Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм здепсалъэм, дин пашэхэри, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэри, саддукейхэри хуабжьу губжьауэ а тӀум къабгъэдыхьащ, 2Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ирагъащӀэурэ, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, лӀахэр къызэрытэджыжынур хуаӀуатэрти. 3Абыхэм Петррэ Иуанрэ яубыдри, пщыхьэщхьэ хъуати, етӀуанэ махуэм нэсыху лъэхъуэщым щӀадзащ. 4Петррэ Иуанрэ хъыбару яӀуатэр зэхэзыхахэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Абыхэм я бжыгъэр цӀыху минитху хуэдиз хъуащ.
5Журт пашэхэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри етӀуанэ махуэт Ерусалим щызэӀущӀащ. 6Дин пашэшхуэ Аннэ* зи цӀэр абы щыӀэт, абы нэмыщӀкӀэ Кайафэ,#4:6 Аннэ … Кайафэ – еплъ Лука 3:2. Иуан, Александр, дин пашэшхуэм и унагъуэм щыщу нэгъуэщӀ лӀыхэри абы щӀэст. 7Абыхэм Петррэ Иуанрэ утыкум кърашэри, ахэр къеупщӀащ:
– Сыт хуэдэ къарукӀэ, е хэт и цӀэкӀэ а лӀыр зэрывгъэхъужар?
8Ар щыжаӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Петр и гум хуабжьу хыхьэри, яжриӀащ:
– Ди лъэпкъ пашэхэ, ди нэхъыжьхэ! 9Зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀым фӀыуэ хуэтщӀам фыхэплъэурэ, «Ар дауэ хъужынкӀэ хъуа?» жыфӀэу нобэ фыкъыщыдэупщӀкӀэ, 10фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. 11Аращ
«ухуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэу
унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуар».#4:11 Еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 117:22.
12– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.
13Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ. 14ЛӀы ягъэхъужар абыхэм я гъусэу абдеж щыту ялъэгъуа щхьэкӀэ, жраӀэну зыри къахуэгъуэтакъым. 15Апхуэдэу щыхъум, СинедрионкӀэ#4:15 Синедрион – Тхьэмадэ Хасэшхуэращ. Еплъ Маттэ 5:22. зэджэ хасэ пэшым щӀагъэкӀри, езыхэм зэчэнджэщыжу щӀадзащ. 16Зэчэнджэщыжурэ, мыпхуэдэу жаӀащ:
– Мы лӀитӀым сыт етщӀэнур? Ерусалим дэс цӀыху псоми ящӀэ абыхэм Ӏуэху телъыджэхэр зэралэжьар. Дэ ар тхущӀэхъумэнукъым. 17Ауэ къэхъуам и хъыбарыр нэхъ куэдым яхэмыӀуэн щхьэкӀэ, «Хьисэ и цӀэкӀэ зыгуэрым фепсалъэмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жытӀэу, мы лӀыхэр дгъэшынэн хуейщ.
18Петррэ Иуанрэ хасэ унэм къыщӀашэжри, Хьисэ и цӀэкӀэ зыри жамыӀэжыну икӀи цӀыхухэм ирамыгъэщӀэну быдэу жраӀащ. 19АрщхьэкӀэ Петррэ Иуанрэ абыхэм жраӀащ:
– Тхьэм демыдаӀуэу, фэ дывэдэӀуэныр Тхьэм дежкӀэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс. 20Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.
21Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти. 22Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм зэрелъэӀуар
23Петррэ Иуанрэ къыщаутӀыпщыжым, я гъусэхэм деж ягъэзэжри, дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ къыжраӀар яӀуэтэжащ. 24Ар щызэхахым, ахэр макъышхуэкӀэ зэдежьууэ Тхьэм елъэӀуащ:
– Зиусхьэн, уафэри, щӀылъэри, хыри, абыхэм щыӀэ псори къэзыгъэщӀар уэращ. 25Ди адэшхуэу Даут и жьэкӀэ уэ укъыдэпсэлъат. Ар уэ уи ӀурыщӀэ щытащ, уи Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи мы псалъэхэр абы жебгъэӀащ:#4:25-26 мы псалъэхэр абы жебгъэӀащ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 2:1-2.
«Хамэ лъэпкъхэр сыт щӀэгубжьыр?
ЦӀыхухэми пщӀэ зимыӀэ мурадхэр сыт щӀаӀэр?
26Дунейм и пащтыхьхэм зыкъаӀэтащ,
пашэхэри зэхуэсри,
Зиусхьэну Тхьэмрэ
езым и Мэссихьу дагъэ зыщыхуамрэ
япэувынхэу зэгурыӀуащ».
27– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ#4:27 Ирод пщыр – еплъ Лука 3:1. Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну. 28Уэ уи лъэкӀыныгъэшхуэкӀи уи гухэлъкӀи къэхъун хуея, уэ ипэкӀэ бгъэува Ӏуэхухэр абыхэм ягъэзэщӀащ. 29Иджы, Зиусхьэн, «ФыкъыдэмыдаӀуэу щытмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жаӀэурэ абыхэм зэрыжаӀэм еплъ, уэ уи псалъэхэр цӀыхухэм дытегушхуауэ хуэтӀуэтэну дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къару къыдэт. 30Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!
31Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я мылъкур я зэхуэдэу зэрыщытар
32ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт. 33Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къарушхуэкӀэ щыхьэт техъуэрт апостолхэр икӀи Тхьэм и нэфӀыр а псоми ину къащыхуэрт. 34Абыхэм зыгуэр хуэныкъуэ цӀыху зыри яхэттэкъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀыгу е унэ зиӀэ псоми ахэр ящэжурэ, ахъшэу къыщӀэкӀар къахьурэ, 35апостолхэм я пащхьэм къралъхьэрт. Ахъшэм щыщ апостолхэм щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ цӀыхухэм хуагуэшырт.
36Кипр хытӀыгум#4:36 хытӀыгу – еплъ 2:11. щыпсэу Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ лӀы гуэр щыӀащ. А лӀым и цӀэр Иосийт. Апостолхэр абы ВарнавэкӀэ еджэрт (Варнавэм къикӀыр «ЦӀыхухэр Зыгъэгушхуэ» жиӀэу аращ.) 37Абы иӀа щӀыгур ищэщ, ахъшэр къихьри, апостолхэм я пащхьэм кърилъхьащ.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол. 4: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល