Апостол. 25

25
25-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
«Кесарым си Ӏуэхум хьэкум трырещӀыхь», жиӀэу Паул Фест Ӏэтащхьэм зэрелъэӀуар
1Фест Ӏэтащхьэр хэкум#25:1 хэку – Иудей хэкурщ. къихьэу махуищ дэкӀа нэужь, Кесарие къалэм#25:1 Кесарие къалэр – еплъ 8:40. дэкӀри, Ерусалим кӀуащ. 2Дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я пашэхэмрэ Паул щхьэкӀэ Фест деж тхьэусыхакӀуэ кӀуащ абы щыгъуэ. 3Къытрагъэзэжурэ, Фест елъэӀуащ ахэр я хьэтыр къилъагъуу зауэлӀхэм Паул Ерусалим къригъэшэну, гъуэгу здытетым ар щэхуу яукӀыну я мурадти. 4Ауэ Фест яжриӀащ:
– Паул Кесарие дэт лъэхъуэщым исщ. Куэд мыщӀэу сэри абы сыкӀуэнущ. 5А лӀым бзаджагъэ гуэр ищӀамэ, фи пашэхэм ящыщ зы гуп си гъусэу ирекӀуи, иретхьэусыхэ.
6Махуэ зыбгъупщӀ нэхъыбэ абыхэм я деж щымыӀэу, Фест Кесарием кӀуащ. ЕтӀуанэ махуэм хьэкумыщӀ тӀысыпӀэм тетӀысхьэри, зауэлӀхэм Паул къригъэшащ. 7Паул къыщашэм, Ерусалим къикӀа журтхэм къаувыхьри, кӀэрымылъ фӀеягъэ куэд кӀэралъхьэу щӀадзащ, ауэ жаӀэр пэжу къыщӀагъэкӀын ялъэкӀыртэкъым. 8Паул зиухейурэ, мыпхуэдэу жиӀащ:
– Журтхэм я Торэт хабзэми, Тхьэм и унэшхуэми, кесарми яхуэгъэзауэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ сщӀакъым.
9Журтхэм фӀы гуэр яхуищӀэну хуейти, Фест Паул къеупщӀащ:
– Мы ӀуэхумкӀэ хьэкум птесщӀыхьын щхьэкӀэ, Ерусалим укӀуэну ухуей?
10– Кесарым и хьэкумыр си Ӏуэхум тезыщӀыхьын хуей хеящӀэм и пащхьэм ситщ сэ, – жиӀащ Паул. – Уэ фӀыуэ зэрыпщӀэщи, журтхэм мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ есщӀакъым сэ. 11УкӀ къыщӀэсхьын мыхъумыщӀагъэ гуэр сщӀауэ щытмэ, ажалым зыщысхъумэну сыхуейкъым. Ауэ журтхэр къызэрызэдауэм пэж лъэпкъ хэмылъмэ, абыхэм саӀэщӀилъхьэн зыми лъэкӀынукъым. Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ!#25:11 кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ – рим цӀыхухэм кесарым я хьэкумыр ищӀэнкӀэ зыхуагъэзэну хуитыныгъэ яӀэт. А зэманым, Хьисэ къэхъуа нэужь, 54-58 гъэхэм Неро зи цӀэр кесару щытащ.
12И дэӀэпыкъуэгъухэм епсэлъа нэужь, Фест жиӀащ:
– «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жыпӀэу къызэрыжыпӀам щхьэкӀэ Кесарым деж уезгъэшэнущ.
Фест Ӏэтащхьэм Паул и хъыбарыр Агриппэ пащтыхьым зэрыжриӀар
13Махуэ зыкъом дэкӀа нэужь, Агриппэ пащтыхьымрэ#25:13 Агриппэ пащтыхьыр – Ирод Агриппэ ЕтӀуанэр, Халхис къэралу Палестинэ къэралым и ищхъэрабгъу лъэныкъуэмкӀэ щыӀэм и пащтыхьу щытащ. Езымрэ Вереникэрэ Ирод Агриппэ Езанэм и быну щытащ. Еплъ 12:1. абы и шыпхъу Вереникэрэ Фест ялъагъуну Кесарием къэкӀуащ. 14Ахэр махуэ зыкъомкӀэ абы щыӀа нэужь, Паул и Ӏуэхур пащтыхьым и пащхьэм ирилъхьэри, Фест жиӀащ:
– ЛӀы гуэр лъэхъуэщым щӀэсу, Феликс къысхуигъэнащ. 15Сэ Ерусалим сыщыщыӀэм, дин пашэшхуэхэмрэ журтхэм я нэхъыжьхэмрэ си деж къакӀуэри, а лӀым едауэурэ, къуаншэу къэслъытэну къызэлъэӀуащ.
16– Ауэ сэ абыхэм мыпхуэдэ жэуап естащ: «Ягъэкъуаншэр къедауэхэм я пащхьэм къихьэу, зэрагъэкъуаншэмкӀэ жэуап яритурэ зиухеину хуит ямыщӀмэ, апхуэдэм укӀ тралъхьэну Рим хабзэм къезэгъыркъым». 17Ахэр си деж къыщыкӀуэм, Ӏуэхур сымыгъэгувэу етӀуанэ махуэм хьэкум тесщӀыхьыну си хьэкум тӀысыпӀэм сытетӀысхьэри, а лӀыр зауэлӀхэм къезгъэшащ. 18Къедауэхэм къаувыхьащ, ауэ зэрагъэкъуэншэну си гугъа мыхъумыщӀагъэхэм ящыщкӀэ ягъэкъуэншакъым. 19Я диным теухуа Ӏуэху зыкъомкӀэ зэдэуащ. Дунейм ехыжа лӀыуэ ХьисэкӀэ зэджэр Паул псэууэ зэрыжиӀэмкӀэ зэгурыӀуэртэкъым. 20Мыпхуэдэ Ӏуэхухэм хьэкум зэрытесщӀыхьын хуейр сщӀэртэкъыми, а лӀым сеупщӀащ: «Ерусалим укӀуэу, абы хьэкум къыщыптращӀыхьыну ухуей?» 21И Ӏуэхум кесарыр хэплъэху лъэхъуэщым щӀагъэсыну Паул къыщылъаӀуэм, кесарым деж езгъэшэху, ар лъэхъуэщым щӀагъэсыну унафэ сщӀащ.
22– Си щхьэкӀэ, сэ а лӀым жиӀэм седэӀуэну сыхуейщ, – къыжриӀащ Агриппэ Фест.
– Пщэдей уезгъэдэӀуэнщ, – жиӀащ Фест.
23ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ къыхуащӀурэ, Агриппэрэ Вереникэрэ хеящӀэ унэшхуэм къыщӀыхьащ етӀуанэ махуэм. Абыхэм я гъусэу дзэпщхэри къалэм дэс цӀыху цӀэрыӀуэхэри къыщӀыхьащ. Фест унафэ ищӀри, Паул къашащ итӀанэ.
24– Уэри, Агриппэ пащтыхь, фэри, ди гъусэу мыбы щӀэс цӀыху псори, мы лӀым феплъ, – жиӀащ Фест. – Ерусалим сыщыщыӀэми мыбдежми журтхэр си деж къакӀуэурэ, «А лӀыр афӀэкӀа псэу хъунукъым», жаӀэу ягъэкъуаншэурэ зэрыгъэкӀийуэ щӀыщытар мы лӀыращ. 25УкӀ щӀытеслъхьэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ имыщӀауэ къэсхутащ, ауэ езым, «Кесарым си хьэкумыр ирырещӀэ», жиӀэри лъэӀуати, кесарым деж езгъэшэнэу тезубыдащ. 26Ауэ абы теухуауэ кесарым хуэстхын хъыбар згъэува сиӀэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, фэ псоми, псом хуэмыдэжу, уэ, Агриппэ пащтыхь, фи пащхьэм кърезгъэшащ, деупщӀа нэужь, стхынур сщӀэн щхьэкӀэ; 27сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэрыдгъэкъуаншэр къыгурыдмыгъаӀуэу лъэхъуэщым щӀэс гуэр яхуедгъэшэныр емыкӀуу къы-золъытэ.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол. 25: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល