Апостол. 23

23
23-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Паул и нэхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ятриубыдэри, яжриӀащ:
– Си къуэшхэ, нобэр къыздэсым Тхьэм и пащхьэм гукъабзагъэкӀэ ситщ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу.
2Дин пашэшхуэу Ананий#23:2 Ананий – Хьисэ къэхъуа нэужь, 47-59 гъэхэм дин пашэшхуэу щытащ. Паул бгъэдэтхэм яжриӀащ абы и жьэм еуэну. 3Апхуэдэу щыхъум, Паул абы жриӀащ:
– Тхьэр къоуэнщ. Хужьу яла блыным ухуэдэщ. Хабзэм тету хьэкум#23:3 хьэкум – «суд» жыхуаӀэрщ. къыстепщӀыхьын щхьэкӀэщ мыбдежым ущӀыщысыр, итӀани хабзэм уэр-уэру утокӀри къызыбогъауэ.
4Абдежым щытхэм Паул къыжраӀащ:
– Тхьэм и дин пашэшхуэм ущӀыпэпсэлъэжыр сыт?
5Си къуэшхэ, ар зэры дин пашэшхуэр сэ сщӀакъым, – жиӀащ Паул. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ:#23:5 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ – еплъ 2 Мусэ 22:28. «Уи лъэпкъым и тхьэмадэм ӀейкӀэ утепсэлъыхь хъунукъым».
6Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ зы гупыр саддукейхэу,#23:6 саддукейхэр – еплъ Маттэ 3:7. нэгъуэщӀ гупри фарисейхэу#23:6 фарисейхэр – еплъ Маттэ 3:7. зэрыщытыр ищӀэрти, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Паул щыжиӀащ:
– Си къуэшхэ, сэ сыфарисейщ, си адэри фарисейуэ щытащ. ЛӀахэр къызэрытэджыжынум сызэрыщыгугъым щхьэкӀэ, хеящӀэм и пащхьэм срашащ.
7Апхуэдэу щыжиӀэм, фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъури, зэщыхьэу щӀадзащ; 8сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ саддукейхэм, «ЛӀахэр къэтэджыжынукъым, мелыӀычи щыӀэкъым, псэи щыӀэкъым», жаӀэ, ауэ, саддукейхэм яхуэмыдэу, а псори зэрыщыӀэр фарисейхэм я фӀэщ мэхъу.
9Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр макъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ, фарисейхэм ящыщу торэт егъэджакӀуэ пашэ гуп къэтэджри, адрейхэм еныкъуэкъуурэ, жаӀащ:
– Мы лӀым мыхъун гуэр дэтлъагъуркъым. Псэ гуэр е мелыӀыч гуэр къепсэлъауэ къыщӀэкӀынщ. Тхьэм дыпэвмыгъэув.
10Хуабжьу зэщыхьати, Паул зэпкъратхъынкӀэ дзэпщыр шынэри, абдеж Ӏуашу быдапӀэм#23:10 быдапӀэр – еплъ 21:34. яшэну зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.
11ЕтӀуанэ жэщым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри, къыжриӀащ:
– Умыдзыхэ. Ерусалим щыхьэт укъызэрыщысхуэхъуам хуэдэу, Рим къалэшхуэми щыхьэт укъыщысхуэхъун хуейщ.
Паул щэхуу яукӀыну журтхэм мурад зэращӀар
12ЕтӀуанэ махуэм и пщэдджыжьым журт гуп зэгурыӀуэри, тхьэ яӀуащ:
– Паул дымыукӀауэ, дышхэнукъым икӀи дефэнукъым, – жаӀэри.
13Тхьэ зыӀуахэр лӀы плӀыщӀым щӀигъурт. 14Ахэр дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ я деж кӀуэри, жраӀащ:
– Паул дымыукӀауэ дымышхэну тхьэ тӀуащ. 15Аращи, «Паул и Ӏуэхум нэхъ куууэ дыхэплъэн щхьэкӀэ, ди деж къегъашэ», жыфӀи, фэрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэмрэ дзэпщым хъыбар евгъащӀэ. Паул мыбы къэмыс щӀыкӀэ, ар дыукӀыну дыхьэзырщ дэ.
16Паул и шыпхъум и къуэм абыхэм ягу илъыр къищӀэщ, быдапӀэм кӀуэри, Паул хъыбар иригъэщӀащ.
17Апхуэдэу щыхъум, Паул дзэ пашэхэм ящыщ гуэр къриджэри, жриӀащ:
– Дзэпщым деж мы щӀалэр шэ. Зыгуэр жриӀэну хуейщ.
18Дзэ пашэм щӀалэр зыщӀигъущ, дзэпщым деж кӀуэри, жриӀащ:
– Ди лъэхъуэщым щӀэс Паул зи цӀэр къызэджэри, мы щӀалэм зыгуэр къыбжиӀэн щхьэкӀэ, уи деж къэсшэну къызэлъэӀуащ.
19Дзэпщым щӀалэм и Ӏэр иубыдщ, лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, еупщӀащ:
– Сыт къызжепӀэну узыхуейр?
20– «Паул и Ӏуэхум нэхъ куууэ дыхэплъэн щхьэкӀэ, пщэдей Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм къишэ», жаӀэу, журтхэр къолъэӀуну зэгурыӀуащ, – жиӀащ щӀалэм. 21– Ауэ уэ абыхэм уемыдаӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщу лӀы плӀыщӀым щӀигъу Паул яукӀын мурад щэху яӀэу поплъэ. Абыхэм ар ямыукӀауэ мышхэну икӀи емыфэну тхьэ яӀуащ. Загъэхьэзырауэ, уи унафэм поплъэри щысщ.
22ЩӀалэр щиутӀыпщыжым дзэпщым къыжриӀащ:
– Мыр къызэрызэбгъэщӀар зыми жумыӀэ.
Феликс Ӏэтащхьэм деж Паул зэрашар
23Дзэпщым дзэ пашэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, яжриӀащ итӀанэ:
– ЗауэлӀу щитӀ, шууэ блыщӀ, бжыхэр зыӀыгъ зауэлӀу щитӀ ныжэбэ сыхьэтыр бгъум Кесарие къалэм#23:23 Кесарие къалэр – еплъ 8:40. кӀуэну вгъэхьэзыр. 24Паули шы хуэвгъэхьэзыр, зыш вгъэшэси, ар Феликс Ӏэтащхьэм#23:24 Феликс Ӏэтащхьэр – Хьисэ къэхъуа нэужь, 52-60 гъэхэм Иудей хэкум и Ӏэтащхьэу щытащ. деж фшэ.
25Дзэпщым мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыт тхылъи итхащ:
26«Сэ, Клаудий Лисий, щӀыхь зыхуащӀ Феликс Ӏэтащхьэм фӀэхъус узох. 27Мы лӀыр журтхэм яубыдри, яукӀыну хуежьащ, ауэ си зауэлӀхэр си гъусэу сыкӀуэри, къаӀэщӀэсхыжащ, рим цӀыхухэм зэращыщыр къэсщӀати. 28Зэрагъэкъуаншэр зэзгъэщӀэну сыхуейуэ, ар я Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм зауэлӀхэм ирезгъэшащ. 29Абыхэм зэрагъэкъуаншэр езыхэм я хабзэм епхауэ, щӀэбукӀын е лъэхъуэщым щӀибгъэсын Ӏуэху лъэпкъ а лӀым имыщӀауэ зэрыщытыр къэсхутащ. 30Ауэ журтхэм мы лӀыр щэхуу яукӀыну я гум зэрилъыр зыгуэрым сигъэщӀати, уи деж зауэлӀхэм занщӀэу незгъэшащ. Къедауэхэми зэрагъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уи пащхьэм щыжаӀэну хъыбар езгъэщӀащ. Узыншэу ущыт!»
31Апхуэдэу, унафэм тету, зауэлӀхэм Паул ирашажэри, жэщым Антипатридэ къалэм#23:31 Антипатридэ къалэр – Ерусалим километер 60-кӀэ пэжыжьэу, и ищхъэрабгъу-къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ итащ. нагъэсащ. 32ЗауэлӀхэм етӀуанэ махуэм Паул Кесарие яшэну шухэм къыхуагъанэри, езыхэм быдапӀэм ягъэзэжащ. 33Шухэр Кесарие къалэм щынэсым, Ӏэтащхьэм тхылъыр иратащ, Паули абы ӀэщӀагъэхьащ. 34Ӏэтащхьэр тхылъым еджэри, Паул зыщыщ хэкумкӀэ къеупщӀащ. Киликие хэкум зэрыщыщыр щызэхихым, абы жиӀащ:
35– Уэ къодауэхэр къэсмэ, сыпкърыупщӀыхьынущ.
Ӏэтащхьэм унафэ ищӀащ Ирод пащтыхьым преториекӀэ еджэу иухуэгъа унэшхуэм зауэлӀхэм Паул щахъумэну.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол. 23: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល