Апостол. 20

20
20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Паул Македоние хэкумрэ Грецие къэралымрэ зэрыкӀуар
1Зэрыхьзэриишхуэр щыувыӀэжым, Паул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр къригъашэри игъэгушхуащ. Я Ӏэр иубыдыжри, Македоние хэкум кӀуэну гъуэгу техьащ итӀанэ. 2А лъэныкъуэхэри къызэхикӀухьым, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр псалъэ куэдкӀэ игъэгушхуэурэ, Грецием нэсащ. 3Абы мазищкӀэ щыӀащ. Сирием кхъухькӀэ кӀуэн хуей щыхъум, журтхэм щэхуу езыр яукӀыну зэрамурадыр къищӀэри, Македонием и лъэныкъуэкӀэ игъэзэжыну триубыдащ. 4Паул и гъусэхэр мыхэрат: Верие къалэм щыщ Пирр и къуэ Сосипатер; Фессалоникэ къалэм щыщ Аристархрэ Секундрэ; Дервие къалэм щыщ Гай; Тимофей; Асие хэкум щыщ Тихикрэ Трофимрэ. 5Ахэр дэ#20:5 дэ – мыби (еплъ 16:10) мы тхылъыр зытхар Паул и гъусэщ икӀи Рим къалэшхуэм докӀуэ. Еплъ 28:16. дяпэ кӀуэри, Троадэ къалэм къыщытпэплъащ. 6ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэр#20:6 ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэр – еплъ Маттэ 26:2. блэкӀа нэужь, Филиппи къалэм кхъухькӀэ дыщежьащ. Троадэ къалэм щыӀэ ди гъусэхэм я деж дежьэри, махуитхукӀэ дынэсащ, абы махуиблкӀэ дыщыӀащ.
Паул Евтих зи цӀэр лӀахэм Троадэ къалэм къазэрыщыхигъэтэджыкӀыжар
7Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм#20:7 Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэр – тхьэмахуэ махуэрщ. щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну#20:7 щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну – еплъ 2:42. дызэхуэсащ. Паул етӀуанэ махуэм гъуэгу техьэну мурад ищӀауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и псалъэхэр яжриӀэурэ, и псалъэр жэщ ныкъуэм нэсыху иукъуэдиящ. 8Дэ дыщызэхуэс унэм и ещанэ къатым уэздыгъэ Ӏэджэ къыщыблэрт. 9Евтих и цӀэу щӀалэ гуэр щхьэгъубжэм Ӏусти, Паул псэлъэн имыух щӀыкӀэ, жей куум хилъэфащ. ӀэфӀу здэжейм, щхьэгъубжэм къыдэхущ, унэм и ещанэ къатым къехуэхри, лӀауэ къащтэжащ. 10Паул унэм щӀэкӀщ, ехщ, щӀалэм зытриубгъуэри, ӀэплӀэ иришэкӀыурэ жиӀащ:
– Фымыгузавэ! И псэр хэтщ!
11Паул къыщӀыхьэжщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, адрейхэм я гъусэу ишхащ. Нэху щыху абыхэм епсалъэри, гъуэгу техьэжащ. 12Ягухэр гуфӀэгъуэм къызэщӀиӀэтауэ, щӀалэр я деж псэууэ къашэжащ.
Паул Троадэ къалэм дэкӀыу Милет къалэм зэрыкӀуар
13АдэкӀэ дыкӀуэурэ, кхъухьым декӀуэлӀащ, абы дитӀысхьэри, Паул къыщидгъэтӀысхьэн хуей Асс къалэм дыкӀуэну дежьащ. Паул а къалэм нэс лъэсу кӀуэну игу илъти, дэ апхуэдэ унафэ къытхуищӀат. 14Паул Асс къалэм деж къыщытӀущӀэщ, кхъухьым къидгъэтӀысхьэри, Митилинэ къалэм дыкӀуащ. 15А къалэм дыщежьэри, Хиос хытӀыгум хуэзанщӀэу етӀуанэ махуэм дыкъыщыувыӀащ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэм Самос хытӀыгум дыкӀуащ. Трогилие къалэм дыкъыщыувыӀэри, етӀуанэ махуэм Милит къалэм дынэсащ. 16Асие хэкум зэманыр щимыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ, Паул Ефес къалэм къыщымыувыӀэу блэкӀыну мурад ищӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, Ӏэмал иӀэмэ, Пэнтэкост махуэшхуэр#20:16 Пэнтэкост зи цӀэ махуэшхуэр – еплъ 2:1. къэмыс щӀыкӀэ, Ерусалим дыхьэну пӀащӀэрт.
Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ нэхъыжьхэм Паул яжриӀа иужьрей хъыбарыр
17Милит къалэм дыщыдэсым Паул Ефес щыӀэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр#20:17 нэхъыжьхэр – еплъ 11:30. къригъэшащ. 18Ахэр къыщыкӀуэм, Паул яжриӀащ:
– Япэ махуэм къыщыщӀэдзауэ Асие хэкум сыкъызэрихьэрэ, фи деж щызгъэкӀуа зэман псоми си псэукӀэр зыхуэдэу щытар фэ фощӀэ. 19Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ. 20Зи сэбэп къывэкӀыну хъыбархэр вжесӀэным зэи пэӀэщӀэ зысмыщӀу, цӀыхухэм я пащхьэми фи унэхэми щыфхуэсӀуэтащ икӀи щывэзгъэщӀащ. 21Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.
22– КъысщӀэлъыр сымыщӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм седаӀуэурэ, Ерусалим сокӀуэ иджы. 23Ауэ Ӏэхъулъэхъухэри гузэвэгъуэхэри къызэрыспэщылъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызигъащӀэурэ, къалэ псоми щыхьэт къыщысхутохъуэ. 24Сэ си псэр сэркӀэ лъапӀэу икӀи уасэ иӀэу сыбжыркъым, ауэ Зиусхьэн Хьисэ си пщэм кърилъхьа Ӏуэхур згъэзэщӀэн хуейщ: Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр езгъэдэӀуэну арщ.
25– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарым фезгъэдаӀуэурэ, фэ псоми фи деж сыщызэхэзекӀуащ. Фэ фщыщу зэи зыми си напэр зэримылъагъужынур сощӀэ. 26Аращи, зы цӀыхум илъ къызэрыстемыхуэнур нобэ шэч къытезмыхьэжу нывжызоӀэ; 27сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр зыхуей псори фэзгъэщӀэным еш сымыщӀэу сыщӀэкъуащ сэ. 28Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт. 29Сэ дунейм сехыжа нэужь, хъушэм щымысхьыну дыгъужь бзаджэхэр къызэрыфхыхьэнур сощӀэ. 30ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэри къыфхэкӀынущ гъуэгу пхэнжым фытрагъэхьэн щхьэкӀэ, щыпкъагъэр зэхъуэкӀыным хэтхэр. 31Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.
32– Тхьэми абы и нэфӀ щыхуэныгъэм теухуа псалъэхэми фахузогъазэ иджы. А псалъэхэм гурэ псэкӀэ къару фагъэгъуэтынуи Тхьэм и цӀыхуу езым зыкъезыта псоми фрагъусэу ӀыхьэфӀ къыфлъагъэӀэсынуи ялъокӀ. 33Зы цӀыхум и дыжьыни, и дыщи, и щыгъыни сенэцӀакъым сэ. 34Си гъусэхэмрэ сэрэ ди дызыхуэныкъуэр си ӀэхэмкӀэ къызэрызлэжьар фощӀэ. 35Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыӀэхэм дазэрыдэӀэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкӀи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиӀа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: «Къуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ».
36А псалъэхэр жиӀа нэужь, Паул лъэгуажьэмыщхьэу уври, псоми я гъусэу Тхьэм елъэӀуащ. 37Псори ину къэгъуэгщ, Паул ӀэплӀэ ирашэкӀри, ба хуащӀащ. 38Я гур нэхъыбэу махэ зыщӀар Паул и напэр игъащӀэкӀэ ямылъагъужыну зэрыжиӀарт. Кхъухьым нэс Паул дэкӀуэтащ итӀанэ.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол. 20: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល