Апостол. 18
18
18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Коринф къалэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм Паул щригъэдаӀуэу зэрыщытар
1Паул Афинэ къалэм дэкӀыжри, Коринф къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ. 2Абы Паул зы журт гуэр, Акилэ и цӀэу, Понт хэкум къыщалъхуар, къыщигъуэтри ӀущӀащ. Акилэрэ абы и щхьэгъусэ Прискиллэрэ Италие къэралым къикӀагъащӀэт; Клаудий кесарым#18:2 Клаудий кесарыр – еплъ 11:28. Хьисэ къэхъуа нэужь, 49 гъэм Клаудий журтхэр Рим къалэшхуэм къыдихуащ. журт псоми Рим къалэшхуэр ябгынэну унафэ яхуищӀыгъати. Паул Акилэрэ Прискиллэрэ я деж кӀуащ. 3Я ӀэщӀагъэр зэрызэхуэдэм щхьэкӀэ Паул абыхэм я деж щыӀэу ядэлажьэрт. Абыхэм я ӀэщӀагъэр шэтыр щӀынырт. 4Паул и псалъэхэр журтхэмрэ алыджхэмрэ фӀэщ зэращищӀыным хэту, абыхэм синэгуэгум щедауэрт щэбэт махуэ къэс.
5Силэрэ Тимофейрэ Македоние хэкум къыщикӀым, Паул гурэ псэкӀэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, Хьисэ зэры-Мэссихьым* журтхэм я пащхьэм щыхьэт щытехъуэрт. 6Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ:
– Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.
7Арати, Паул синэгуэгум къыщӀэкӀыжри, Тхьэр зыгъэлъапӀэу Иуст зи цӀэ лӀы гуэрым и унэм кӀуащ. Абы и унэр синэгуэгум гуэтт. 8Синэгуэгум и пашэ Крисп, и унагъуэр зэрыщыту и гъусэу, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуащ. Коринф къалэм дэс цӀыху куэди Паул едэӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъури, зрагъэумэхъащ.
9Жэщ гуэрым Зиусхьэныр Паул къыхуэхутэри къыжриӀащ:
– Умышынэ, ауэ зумыущэху, псалъэ зэпыт, 10сэ сыуигъусэнущ. Уэ къокъуэншэкӀыну зым и Ӏи къикӀынукъым. Си цӀыхухэм ящыщ куэд мы къалэм дэсщ.
11Паул, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, зы илъэсрэ ныкъуэкӀэ а къалэм дэсащ.
12Галлион#18:12 Галлион – Хьисэ къэхъуа нэужь, 51 гъэм Галлион Рим къэралышхуэм щыщ Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ хъуну къагъэлъэгъуащ. Ахаие хэкур иджырей Грецием и ипщэ Ӏыхьэщ. Коринф а хэкум и къалэшхуэу щытащ. зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.
13– Хабзэм и унафэм темыту Тхьэр зэрагъэлъапӀэ Ӏэмалхэр мы лӀым цӀыхухэм ярегъащӀэ, – жаӀащ абыхэм.
14Паул къэпсэлъэну щыхуежьэм, Галлион журтхэм яжриӀащ:
– Журтхэ, мы лӀым мыхъун гуэр е бзаджагъэ гуэр ищӀатэмэ, си гуапэу сынывэдэӀуэнт. 15Ауэ псалъэхэмкӀи, цӀэхэмкӀи, фи Торэт хабзэмкӀи иджы фыщызэныкъуэкъукӀэ, фэр-фэру мы Ӏуэхур зэхэвгъэкӀ. Мы Ӏуэхум хьэкум тесщӀыхьыну сыхуейкъым сэ.
16Ар къажриӀэри, Галлион ахэр хеящӀэ унэм къыщӀигъэкӀыжащ. 17А цӀыху псоми синэгуэгум и пашэ Сосфен яубыдри, хеящӀэ унэм и бжэӀупэм щакъуащ, ауэ Галлион зыри къыфӀэӀуэхуакъым.
Паул Сирие хэкум зэригъэзэжар
18Паул Коринф къалэм махуэ куэдкӀэ щыӀа нэужь, къуэшхэм я Ӏэр иубыдыжри, Прискиллэрэ Акилэрэ щӀыгъуу, Сирие хэкум кӀуэну кхъухьым итӀысхьащ. Паул и щхьэр Кенхрей къалэм#18:18 Кенхрей къалэр – Коринф къалэм епхарэ кхъухь тедзапӀэ иӀэу хы Ӏуфэм Ӏутащ. джафэу щригъэупсащ. ЩӀригъэупсар тхьэ иӀуати, арщ.#18:18 Тхьэ иӀуати – тхьэрыӀуэ гуэр зэрагъэзэщӀам и нэщэнэм хуэдэу, журтхэм я щхьэр джафэу яупсын хуейуэ хабзэ яхэлъащ. 19Ефес къалэм къыщысым, Паул Прискиллэрэ Акилэрэ къигъанэщ, синэгуэгум щӀыхьэри, журтхэм щеныкъуэкъуащ. 20Абыхэм я деж нэхъыбэрэ щыӀэну къыщелъэӀум, Паул идакъым. 21Ауэ ежьэжыну я Ӏэхэр щиубыдыжым, жиӀащ:
– КъэкӀуэну махуэшхуэм Ерусалим сыщыӀэн хуейщ, ауэ Тхьэм жиӀэмэ, фи деж къэзгъэзэжынущ.
Ефес къалэм кхъухькӀэ щежьэжащ итӀанэ.
22Кесарие къалэм щыӀа нэужь, Ерусалим кӀуащ. Члисэ зэхуэсым щыщхэм фӀэхъус ярихри, Антиохие кӀуащ итӀанэ. 23Антиохие тӀэкӀурэ дэса нэужь, Паул гъуэгум техьэжри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми ягухэр игъэбыдэрэ игъэгушхуэу, хэкухэу Галатиерэ Фригиерэ къызэхикӀухьащ чэзу-чэзууэ.
Ефес къалэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм Аполлос щригъэдаӀуэу зэрыщытар
24Александрие къалэм щыщу Аполлос зи цӀэ журт гуэр Ефес къэкӀуащ а махуэхэм. Ар жьакӀуэт, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи щӀэныгъэшхуэ иӀэт. 25Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарым фӀыуэ щыгъуазэт. Гурэ псэкӀэ къэпсалъэурэ, пэжыгъэм тету, Хьисэ и хъыбарыр цӀыхухэм яригъащӀэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, умэхъын хабзэу Иуан зытепсэлъыхьу щытам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ умэхъын хабзэ#18:25 нэгъуэщӀ умэхъын хабзэ – Аполлос чыристанхэм цӀыхухэр щӀаумэхъыр ищӀэртэкъым. Еплъ 19:2-5. зэрыщыӀэр ищӀэртэкъым. 26Синэгуэгум гушхуэныгъэкӀэ къыщыпсалъэу щӀидзащ абы. Прискиллэрэ Акилэрэ Аполлос къэпсалъэу щызэхахым, ар я унэ яшэри, Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфӀу къыгурагъэӀуащ.
27Аполлос Ахаие хэкум кӀуэну мурад щищӀым, къуэшхэм а къалэм дэс цӀыхуу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм тхылъ хуатхащ, «Аполлос ныщыкӀуэкӀэ, евгъэблагъэ», жиӀэу иту. Аполлос абы нэсри, Тхьэм и нэфӀыр зэращыхуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм куэдрэ ядэӀэпыкъуащ. 28Тхьэм и псалъэу тхахэмкӀэ Хьисэ зэры-Мэссихьыр яхуигъэнахуэурэ, цӀыхухэм я пащхьэм щиӀуэта псалъэ лъэщхэмкӀэ журтхэм ятекӀуащ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол. 18: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: