2 Петр 1

1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ.
Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.
2Ди Тхьэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фӀыуэ зэрыфщӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуи гузэгъэгъуэшхуэ къыфлърес зэпыт.
Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджари фыкъызэрыхихари вгъэпэж
3Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу дыпсэун щхьэкӀэ, дызыхуэныкъуэ псори Мэссихь Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къыдитащ. Ар щӀилэжьар Тхьэуэ зи щӀыхьышхуэкӀи и фӀыгъуэшхуэкӀи и бынхэм ящыщ дыхъуну дыкъыхуезыджар зэрытщӀэращ. 4Апхуэдэу Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏыхьэшхуэу уасэшхуэ зиӀэхэр къыдитащ, абыхэмкӀэ дунейм щызекӀуэ хъуэпсэныгъэ Ӏейуэ цӀыхухэр зыгъэкӀуэдхэм пэӀэщӀэ зыфщӀу, Тхьэм и хьэл-щэнымкӀэ Ӏыхьэ фиӀэн щхьэкӀэ.
5Аращи, фи фӀэщхъуныгъэр фӀыгъуэкӀэ къызэрывгъэбагъуэным и ужь фит; фӀыгъуэр щӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; 6щӀэныгъэр зышыӀэныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зышыӀэныгъэр теубыдагъэкӀэ вгъэбагъуэ; теубыдагъэр Тхьэм и шынагъуэкӀэ вгъэбагъуэ; 7Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ. 8А псори фхэлъмэ икӀи ахэр вгъэбагъуэмэ, зыгуэр къывэмыуалӀэу, фӀы гуэри къыфдэмыкӀуэу къэнэнкъым, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь нэхъ благъэ фыхуэхъунущ. 9Ауэ а Ӏуэхухэр зымылэжь цӀыхур нэфщ, и напӀэ зэтепӀащ. А цӀыхум и гуэныхьхэр и гум Тхьэм зэрыригъэкъэбзыкӀыжар щыгъупщэжащ.
10Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым, 11апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.
12Аращи, а Ӏуэхухэр влэжьу икӀи щыпкъагъэу фиӀэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкӀыжынущ. 13Си пкъым и шэтырым сыщӀэтыху, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжурэ фыкъэзгъэушыныр фӀыуэ солъытэ. 14Куэд дэмыкӀыу си псэр си пкъым зэрыхэкӀыжынур сощӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь къызэрызгуригъэӀуам хуэдэу. 15Мы дунейм сехыжа нэужьи, мы Ӏуэхухэр сыт щыгъуи фи гум къызэрывгъэкӀыжыфынум иджы сыхэтынущ.
Апостолхэм къыжаӀа хъыбарыр пэжщ
16Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ. 17Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр»,#1:17 Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр – еплъ Маттэ 17:1-8; Марк 9:2-8; Лука 9:28-36. жиӀэу, щӀыхьышхуэ зиӀэу Тхьэуэ Лъагэм и макъыр Хьисэ щызэхригъэхым, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм лъытэныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ абы хуигъэфэщащ. 18Уафэм къиӀукӀа а макъыр ди тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэтхащ, абы дригъусэу Ӏуащхьэ лъапӀэм дытетащи.
19Абы нэмыщӀу, бегъымбархэм къыжаӀауэ, иджыри нэхъ дзыхь зыхуэпщӀ хъунухэр щыӀэщ. Нэху щыуэ,#1:19 нэху щыуэ – Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр аращ. нэхущ вагъуэр#1:19 нэхущ вагъуэр – Мэссихь и нэхур аращ. фи гум къыщыкъуэкӀыху, абыхэм къыжаӀа псалъэу щӀыпӀэ кӀыфӀ гуэрым къыщынэху уэздыгъэм ещхьхэм фахуэсакъыурэ федаӀуэмэ, фӀы фощӀэ. 20Псом япэу мыр фщӀэн хуейщ: Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту бегъымбархэм къыжаӀахэр езыр-езыру зэхихун зыми лъэкӀынукъым. 21Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

2 Петр 1: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល