Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1

1
ФӀэхъус
1Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ,#1:1 Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ – еплъ Екъуб 5:14. Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм#1:1 уэ гуащэ лъапӀэм, … уи бынхэм – члисэ зэхуэсымрэ члисэ зэхуэсым щыщхэмрэ арагъэн хуейщ. мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу. 2Щыпкъагъэр ди гум зэрилъым, игъащӀэкӀи зэрилъынум къыхэкӀкӀэ фэ фӀыуэ фыдолъагъу.
3Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Адэ лъапӀэм и Къуэу Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэшхуэ, гузэгъэгъуэ дэ, щыпкъагъэр зыщӀэхэм икӀи фӀыуэ зэрылъагъухэм, къытлърес.
Щыпкъагъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ
4Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ. 5Иджы, гуащэ лъапӀэ, сынолъэӀу: ФӀыуэ дызэрывгъэлъагъу. Ар унафэщӀэм хуэдэу ныпхуэстхыркъым, ар япэм къыщыщӀэдзауэ диӀа унафэу щытщ. 6Тхьэм и унафэхэм тету дыпсэунырщ фӀылъагъуныгъэкӀэ сызэджэр. Ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ зэхэфха унафэр фӀылъагъуныгъэм фытету фызэрыпсэур арщ.
7Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуар зымыдэ цӀыху куэд – адрей цӀыхухэр къэзыгъапцӀэхэр дунейм къытехьащ. Апхуэдэ цӀыхухэр гъэпцӀакӀуэщ икӀи Антихристхэщ. 8Фэ фщӀа Ӏуэхур фымыгъэкӀуэд икӀи фи ӀыхьэфӀыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж. 9Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм епцӀыжьауэ, абыхэм текӀ дэтхэнэми и псэм Тхьэр хэлъкъым, ауэ Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм сыт щыгъуи тет цӀыхум и псэм Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри хэлъщ. 10Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых. 11Абы фӀэхъус езыхым а цӀыхум илэжь Ӏуэху щӀэпхъаджэхэмкӀэ и Ӏыхьэгъу хуохъу.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
12Ныфхуэстхыну сиӀэр куэдщ иджыри, ауэ тхылъымпӀэрэ шакъэкӀэ нэстхыну сыхуейкъым. Ди гуфӀэгъуэр нэгъэса хъун щхьэкӀэ, фи деж сэ сынакӀуэу дызэбгъэдэтӀысхьэу дызэпсэлъэным сыщогугъ.
13Тхьэм къыхиха уи шыпхъум и бынхэм#1:13 Тхьэм къыхиха уи шыпхъум и бынхэр – мы тхылъыр зытхар зыщыщ члисэ зэхуэсым и цӀыхухэр арагъэн хуейщ. фӀэхъус къыуахыж. Ӏэмин.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол Иуан и етӀуанэ тхылъ 1: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល