1 Петр 3:15-16
1 Петр 3:15-16 KBDNTGP2017
Зиусхьэну Тхьэр фигукӀэ вгъэлъапӀэ. Фи гугъапӀэмкӀэ хэт къывэупщӀми, Ӏэдэбу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фигу зэрилъымкӀэ жэуап ефтыжыну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт. МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.







