1 Петр 2:24-25
1 Петр 2:24-25 KBDNTGP2017
Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ мэл щхьэрыуахэм фахуэдэти, фи псэхэм я хъумакӀуэм икӀи фи мэлыхъуэм деж иджы фыкъэкӀуащ.









