Апостол Иуан и япэ тхылъ 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Дунейм текӀуэр фӀэщхъуныгъэращ
1Хьисэ зэры-МэссихьымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр Тхьэм и бынщ. Адэр фӀыуэ зылъагъу дэтхэнэми абы и къуэри фӀыуэ елъагъу. 2Тхьэм и бынхэр фӀыуэ зэрытлъагъур дэзыгъащӀэр Тхьэр фӀыуэ зэрытлъагъумрэ и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэмрэщ. 3Тхьэр фӀыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщӀэнущ. И унафэхэри гугъукъым. 4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и быну щыт дэтхэнэри дуней гуэныхьхэм токӀуэ. Мы дуней гуэныхьхэм дазэрытекӀуэр ди фӀэщхъуныгъэр арщ. 5Хэт дунейм текӀуэр? Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зи фӀэщ хъур ар къудейрщ.
Къуэ лъапӀэм теухуа щыхьэтыгъэр
6Хьисэ Мэссихьыращ псыкӀи#5:6 псыкӀи къэкӀуар – Хьисэ псыкӀэ къыщыкӀуар Иуан ар щиумэхъарщ. лъыкӀи#5:6 лъыкӀи къэкӀуар – Хьисэ лъыкӀэ къыщыкӀуар жорым лъы щыщыщӀэкӀаращ. къэкӀуар. Псы къудейкӀэ къэкӀуакъым, атӀэ псырэ лъырэкӀэщ.* Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыхьэт хуэхъур, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ щыпкъагъэр. 7Уафэм щыхьэт щыхъухэр щы мэхъу: Адэ лъапӀэр, Тхьэм и псалъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр. А щыри зыщ. 8ЩӀылъэм щыхьэт щыхъухэри щы мэхъу: Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, псыр, лъыр; а щыми къыжаӀэр зэтохуэ. 9ЦӀыхухэм я щыхьэтыгъэр додэ, ауэ Тхьэм и щыхьэтыгъэр нэхъ лъапӀэщ, а щыхьэтыгъэр езы Тхьэм и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэщи. 10Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум и гум щыхьэтыгъэр илъщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ цӀыхум Тхьэр пцӀыупсу жеӀэ, Тхьэм езым и Къуэм хуищӀа щыхьэтыгъэр и фӀэщ хъуакъыми. 11Щыхьэтыгъэр мыращ: Тхьэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къыдитащ икӀи а мыкӀуэдыжын гъащӀэр Тхьэм езым и Къуэм къыдитыну ищӀащ. 12Къуэ лъапӀэр зи псэм хэлъ цӀыхум апхуэдэ гъащӀэр иӀэщ. Къуэ лъапӀэр зи псэм хэмылъым а гъащӀэр иӀэкъым.
МыкӀуэдыжын гъащӀэр
13Фэ, Тхьэм и Къуэм и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрывиӀэр фщӀэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхугъуэхэр ныфхузотх. 14Тхьэр зэрыхуейм тету Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ делъэӀумэ, дызэрызэхихынур дощӀэри, езым гушхуэныгъэкӀэ гъунэгъу дыхуохъу. 15СыткӀэ делъэӀуми, дызэрызэхихынур дощӀэри, дызэрелъэӀуар диӀэ зэрыхъуар дощӀэ.
16И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым. 17Къуаншагъэ псори гуэныхьщ, ауэ ажал къызыхэмыкӀ гуэныхьи щыӀэщ.
18Тхьэм и бын хъуам гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зэрызищӀар дощӀэ; Тхьэм и быныр зыхуосакъыж,#5:18 Тхьэм и быныр зыхуосакъыж – е Тхьэм и Къуэм ар къехъумэ. шейтӀанри абы еӀусэнукъым. 19Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ. 20Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
21Фэ, си бын хуэдэхэ, тхьэ нэпцӀхэм защыфхъумэ. Ӏэмин.

ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖

Апостол Иуан и япэ тхылъ 5: KbdNTGP2017

គំនូស​ចំណាំ

ចែក​រំលែក

ចម្លង

None

ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល