Апостол Иуан и япэ тхылъ 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ Антихрист и псэмрэ
1ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи. 2Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр цӀыху гуэрым и гум илъмэ, ар къывэзыгъэщӀэнур мыращ: Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезымыхьэ дэтхэнэми игу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъщ. 3Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезыхьэ дэтхэнэми и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъкъым. А цӀыхум и гум илъыр Антихрист и псэр арщ. Ар къызэрыкӀуэнур зэхэфхащ. Ар дунейм къытехьакӀэщ иджы.
4Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи. 5А бегъымбар нэпцӀхэр мы дуней хьэхум и бынхэщ. Аращи, ахэр мы дуней хьэхум и Ӏуэхугъуэхэм топсэлъыхь икӀи мы дуней хьэхум и цӀыхухэр абыхэм я псалъэхэм йодаӀуэ. 6Ауэ дэ Тхьэм дрибынщ. Тхьэр зыщӀэ цӀыхур дэ къыдодаӀуэ, ауэ Тхьэм и быну щымытыр дэ къыдэдаӀуэркъым. Аращ щыпкъагъэм и Псэр зи гум илъри гъэпцӀагъэм и псэр зи гум илъри къыдэзыгъащӀэр.
Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ
7ФӀыуэ слъагъухэ, фӀыуэ дызэрывгъэлъагъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀылъагъуныгъэр Тхьэм и деж къокӀ. ФӀылъагъуныгъэ зи гум илъ дэтхэнэри Тхьэм и бынщ икӀи абы Тхьэр зыхуэдэр ещӀэ. 8ФӀылъагъуныгъэ зи гум имылъым Тхьэр зыхуэдэр ищӀэркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр езыр фӀылъагъуныгъэщ. 9Тхьэм фӀыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэӀуащ: ГъащӀэ къыдитын щхьэкӀэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкӀуащ. 10ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ. 11ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм апхуэдизу фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэри фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ. 12Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.
13Тхьэм и псэм дызэрыщыщри езыри ди псэм зэрыхэлъри къыдэзыгъащӀэр Тхьэм ди гум кърилъхьа и Псэ ЛъапӀэр арщ. 14Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу. 15Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр зыщтэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. 16Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ.
Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ. 17Къемэтмахуэм гушхуэныгъэ диӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ, Мэссихь зэрыщытым хуэдэу, дэри мы дунейм дыщыщытщи. 18Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр зи гум илъыр шынэркъым, шынагъуэр фӀылъагъуныгъэ нэгъэсам щхьэщехри. Шынагъуэр къемэтмахуэм и гугъуехь шэчыным епхащ. Шынэ цӀыхум и гум фӀылъагъуныгъэ нэгъэсар илъкъым.
19Тхьэм япэщӀыкӀэ дэ фӀыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкӀэ дэ ди гуми фӀылъагъуныгъэ илъщ. 20Зыгуэрым, «Тхьэр фӀыуэ солъагъу», жиӀэ пэтми, и къуэшыр жагъуэу илъагъумэ, ар пцӀыупсщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ илъэгъуа и къуэшыр фӀыуэ зымылъагъум, нэкӀэ имылъэгъуа Тхьэр фӀыуэ илъагъун лъэкӀынукъым. 21Тхьэм мы унафэр къытхуищӀащ: Тхьэр фӀыуэ зылъагъум и къуэшри фӀыуэ илъагъун хуейщ.
ទើបបានជ្រើសរើសហើយ៖
Апостол Иуан и япэ тхылъ 4: KbdNTGP2017
គំនូសចំណាំ
ចែករំលែក
ចម្លង
ចង់ឱ្យគំនូសពណ៌ដែលបានរក្សាទុករបស់អ្នក មាននៅលើគ្រប់ឧបករណ៍ទាំងអស់មែនទេ? ចុះឈ្មោះប្រើ ឬចុះឈ្មោះចូល
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: