1
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:3
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Хуэгъазэ Ӏуэхуу блэжьыр Тхьэуэ Зиусхьэнми – гухэлъу уиӀэр къыбдэхъунщ.
ប្រៀបធៀប
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:3
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:9
Щхьэж и гущӀэм къыхихыну гъуэгур щызэригъэзахуэ пэтми, лъэбакъуэу ичыр зыунэтӀыр Тхьэуэ Зиусхьэнращ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:9
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:24
ГуапэдэгъэкӀыу жыӀа псалъэр ещхьщ фо хьэкӀуэм, псэм фӀэӀэфӀщ, Ӏэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:24
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:1
ЕщӀыр цӀыхум гугъэ куэдхэр, – абыхэм щыщуи зэщӀэнур Тхьэуэ Зиусхьэным иухахэрщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:1
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:32
ЙофӀэкӀыр цӀыху бэшэчыр зауэлӀ хъыжьэм, къалэр зыщтэм нэхъри нэхъ лъэщщ шыӀагъэ зиӀэр.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:32
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:18
Унэхъунум япэ щӀыкӀэ зыкъыфӀощӀыжри, зи унагъуэбжэр хуэзыщӀыжынур пагэ мэхъу.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:18
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:2
Щхьэж илэжьымкӀэ зыфӀэзахуэщ, – арщхьэкӀэ я гущӀагъщӀэлъ псор зэпэзышачэр Тхьэуэ Зиусхьэнырщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:2
8
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:20
Ущием хуэнэбдзэгубдзаплъэм и Ӏуэхур ефӀэкӀуэнщ, Тхьэр зи плъапӀэр теувэнщ гъуэгу махуэ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:20
9
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:8
Хьэрэм хэхъуэшхуэ нэхърэ хьэлэл мащӀэр нэхъыфӀщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:8
10
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:25
ЩыӀэщ гъуэгу, къыщыхъуу цӀыхум захуэу, – ауэ и кӀэм ажалыр къыщыпэплъэу.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:25
11
Гъэсэпэтхыдэхэр 16:28
ФэрыщӀым цӀыхухэр зэщегъэхьэ, зэфӀегъэкӀуэд бзэгузехьэм зэныбжьэгъу пэжхэр.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 16:28
គេហ៍
ព្រះគម្ពីរ
គម្រោងអាន
វីដេអូ