1
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:12
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
ЩыӀэщ гъуэгу, къыщыхъуу цӀыхум захуэу, – ауэ ажалыр и кӀэм къыщыпэплъэу.
ប្រៀបធៀប
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:12
2
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:30
Гу зэпӀэзэрытыр Ӏэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ, фыгъуэр зи щэным щӀэх и къупщхьэр мэщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:30
3
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:29
ШыӀэ зыхэлъым акъылышхуэ къуэлъщ, губжьыр зи щэным акъылыншагъэщ игъэлъагъуэр.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:29
4
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:1
Зыхуей хуегъазэ цӀыхубз Ӏущым и унагъуэ, зи унагъуэбжэр и ӀэкӀэ зэхуэзыщӀыжыр бзылъхугъэ акъылыншэрщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:1
5
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:26
БыдапӀэм дэсым хуэдэщ Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀхэр, щӀэблэу къащӀэхъуэми яхуэхъунщ Ар щхьэегъэзыпӀэ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:26
6
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:27
Тхьэуэ Зиусхьэным уфӀэлӀыкӀыныр – псэхэлъхьэж псынэм хуэдэщ; ажалым и хъыми ухуещӀ пэӀэщӀэ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:27
7
Гъэсэпэтхыдэхэр 14:16
Ӏущыр сакъщ, еми зыщедзей, акъыл зимыӀэр зыщогугъыж, гъэӀэсэгъуейщ.
រុករក Гъэсэпэтхыдэхэр 14:16
គេហ៍
ព្រះគម្ពីរ
គម្រោងអាន
វីដេអូ