Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ бгъуэтынущ, уэ Абы фӀэпщынур Хьисэщ. Ар цӀыху щэджащэ хъунущ, Я Нэхъ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. И адэжь Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм къритынущ Абы. Екъуб къытехъукӀа лъэпкъым я тепщэу игъащӀэкӀэ щытынущ, и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым.