1
ДжакӀуэ 8:15
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
Абы хэту гур хэзыгъахъуэ псоми щытхъу хузоӀэт! Ешхэрэ ефэу, гуфӀэу псэуным нэхъыфӀ мы уафэм и щӀагъым зыри щыӀэкъым. Тхьэм цӀыхум къыхуиуха гъащӀэм и кӀуэцӀкӀэ Ӏуэхуу щилэжьми а гуфӀэгъуэр хэлъу ихьынущ.
ប្រៀបធៀប
រុករក ДжакӀуэ 8:15
2
ДжакӀуэ 8:12
ПсэкӀуэдыщӀэм мыухыжу псэкӀуэдщӀагъэ ищӀэурэ кӀыхьу къэпсэуми, сощӀэ, Тхьэм и шынагъэр зыхэзыщӀэм икӀи фӀэлӀыкӀым и Ӏуэхур нэхъ щӀагъуэ зэрыхъунур.
រុករក ДжакӀуэ 8:12
3
ДжакӀуэ 8:6
Сыт хуэдэ Ӏуэхуми и пӀалъэ, и щӀыкӀэ иӀэжщ, ауэ цӀыхум и тхьэмыщкӀагъэм щыщщ
រុករក ДжакӀуэ 8:6
4
ДжакӀуэ 8:8
Зыми жьыбгъэр иубыдын лъэкӀынукъым, щылӀэжыну махуэми Ӏэмал хузиӀэ щыӀэкъым. ЗауэлӀыр зэуапӀэм къыӀукӀыфынукъым, бзаджащӀэми бзаджэщӀагъэкӀэ зихъумэжыфынкъым.
រុករក ДжакӀуэ 8:8
5
ДжакӀуэ 8:11
ЩӀэпхъаджащӀэр илэжьамкӀэ щӀэхыу ямыгъэпшынэмэ, цӀыхугури бзаджэ щӀэным зыӀэпишэу хуожьэ.
រុករក ДжакӀуэ 8:11
6
ДжакӀуэ 8:14
Мы дунейм къыщохъу пщӀэ зимыӀэ нэгъуэщӀ зы Ӏуэхугъуи: бзаджащӀэм хуэфащэр захуащӀэм къылъысрэ захуащӀэм епэсар бзаджащӀэм еуалӀэу. Мыр пщӀэ зи цӀэ зыпымылъ Ӏуэхуу зэрыщытри жысӀащ абы щыгъуэм.
រុករក ДжакӀуэ 8:14
7
ДжакӀуэ 8:7
и натӀэ къритхам зэрыщымыгъуазэр, къэхъуну псор хэти жриӀэфын абы?
រុករក ДжакӀуэ 8:7
គេហ៍
ព្រះគម្ពីរ
គម្រោងអាន
វីដេអូ