УкъэзыгъэщӀар ущӀалэху зыщумыгъэгъупщэ,
махуейхэр къыпкӀэщӀэмызэрыхь щӀыкӀи,
«тхъэгъуэ зи цӀэ яхэслъагъуэкъым» жыхуэпӀэну илъэсхэр къыптемыгуплӀэ щӀыкӀи уигу игъэлъ Ар,
дыгъи, нэхуи, мази, вагъуи блэн щамыгъэт щӀыкӀи,
уэшх нэужьу пшэхэм къытрамыгъэзэж щӀыкӀи уигу игъэлъ Ар.