ឡូហ្គូ YouVersion
ព្រះគម្ពីរគម្រោងអានវីដេអូ
ទាញយកកម្មវិធី
ជម្រើសភាសា
អាយខន ស្វែង​រក

ខគម្ពីរពេញនិយមពី ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8

1

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:28

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэр фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэу, езым и мурадым тету и бын хъуну къыхуриджахэм Ӏуэху псом я фӀагъ Тхьэм къазэрыригъэкӀыр дощӀэ.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:28

2

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:38-39

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкӀынум шэч къытесхьэркъым; ажалми, гъащӀэми, мелыӀычхэми, жин пашэхэми, лъэкӀыныгъэ зиӀэ жинхэми, иджы щыӀэ Ӏуэхугъуэхэми, къэкӀуэну зэманым щыӀэну Ӏуэхугъуэхэми, уафэм сыт ищӀыс щыӀэми, щӀы щӀагъым сыт ищӀыс щыӀэми, а фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфӀэкӀынукъым. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ зыми Тхьэм Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным къыдигъэлъагъуну ищӀа фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдишын лъэкӀынукъым.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:38-39

3

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:26

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:26

4

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:31

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:31

5

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:1

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:1

6

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:6

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм фегупсысыным Ӏейуэ къыхэкӀыр ажалыращ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэм фегупсысыным фӀыуэ къыхэкӀыр гъащӀэрэ гузэгъэгъуэрэщ

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:6

7

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:37

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Ауэ мы Ӏуэху псомкӀи фӀыуэ дызылъэгъуам и къарукӀэ текӀуэныгъэшхуэр дыдейщ.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:37

8

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:18

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Мы зэманым тшэч гугъуехьхэр щӀыхьышхуэу Тхьэм иджыри къэс цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ диӀэ ищӀынум хуэбгъадэ зэрымыхъунум шэч къытесхьэркъым.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:18

9

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:35

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм хэт дыбгъэдэзыгъэкӀын зылъэкӀынур? Гузэвэгъуэ дыхэтми, гухэщӀыгъуэ диӀэми, гугъуехь дагъэшэчми, дымэжэщӀалӀэми, щыттӀэгъэн димыӀэми, шынагъуэ дыхэтми, джатэкӀэ дагъэшынэми – мы къыжытӀа псоми Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэм дыбгъэдагъэкӀын ялъэкӀынукъым.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:35

10

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:27

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

ЦӀыхухэм я гум илъыр зыгъэунэху Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэм и гум илъри ещӀэ, Тхьэр зэрыхуейм хуэдэу, езым и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яхуолъэӀуэри.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:27

11

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:14

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэӀурыщӀэ цӀыху псори Тхьэм и бынщ.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:14

12

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:5

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхухэр я щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм зэпымыууэ йогупсыс, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэращ зэгупсысыр.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:5

13

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:32

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:32

14

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:16-17

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Тхьэм дызэрибынхэр жиӀэурэ, дигухэм ящӀыгъуу абы щыхьэту тоувэ. Тхьэм дызэрибыным щхьэкӀэ Тхьэм и бынхэм ӀыхьэфӀу къалъысыр дэри къытлъигъэсынущ. А ӀыхьэфӀу Тхьэм Мэссихь къылъигъэсар Мэссихь щӀыгъуу дэри къытлъигъэсынущ. Мэссихь дыщӀыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщӀыгъуу дэри Тхьэм щӀыхьышхуэ диӀэ ищӀынущи.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:16-17

15

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:7

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:7

16

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:19

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:19

17

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:22

ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

KbdNTGP2017

Тхьэм къигъэщӀа псори иджыри къэс щэӀуу, сабий къызыхуэхъуну цӀыхубзым гугъуехь зэришэчым хуэдэу, гугъуехь зэрашэчыр дощӀэ.

ប្រៀបធៀប

រុករក ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 8:22

ជំពូកមុន
ជំពូកបន្ទាប់
YouVersion

ទទួលការលើកទឹកចិត្តនិងជំរុញឱ្យអ្នកស្វែងរកភាពស្និទ្ធស្នាលជាមួយនឹងព្រះជាម្ចាស់ជាប្រចាំថ្ងៃ។

ព័ន្ធកិច្ច

អំពី

អាជីព

អ្នកស្ម័គ្រចិត្ត

ប្លុកសារ

ដំណឹង

តំណមានប្រយោជន៍

ជំនួយ

បរិច្ចាគ

ជំនាន់​ព្រះ​គម្ពីរ

ព្រះគម្ពីរជាសំឡេង

ភាសា​ព្រះ​គម្ពីរ

ខគម្ពីរ​សម្រាប់​ថ្ងៃ​នេះ


ព័ន្ធកិច្ចបែបឌីជីថលរបស់

Life.Church
English (US)

©2025 Life.Church / YouVersion

គោលការណ៍ច្បាប់ឯកជនលក្ខខណ្ឌ
កម្មវិធីបង្ហាញពីភាពងាយរងគ្រោះ
ហ្វេសប៊ុកTwitterអ៊ីនស្ដាក្រាមយូធូបPinterest

គេហ៍

ព្រះគម្ពីរ

គម្រោងអាន

វីដេអូ