1
Апостол. 16:31
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зигъэӀи, уэри уи унагъуэри Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынущ, – жаӀащ абыхэм.
ប្រៀបធៀប
រុករក Апостол. 16:31
2
Апостол. 16:25-26
Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт. ЩӀыр напӀэзыпӀэм ин дыдэу хъейри, лъэхъуэщым и лъабжьэр къызэщӀэзджызджащ. А сыхьэт дыдэм лъэхъуэщым и бжэ псори къызэӀукӀащ, лъэхъуэщым щӀэс псоми я гъущӀ Ӏэхъулъэхъухэри къызэрылъэлъащ.
រុករក Апостол. 16:25-26
3
Апостол. 16:30
ИтӀанэ ахэр лъэхъуэщым къыщӀишыжри, жиӀащ: – Зи щӀыхь инхэ, Тхьэм сымыкӀуэду сыкъригъэлын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?
រុករក Апостол. 16:30
4
Апостол. 16:27-28
Лъэхъуэщым и хъумакӀуэр къэушри, лъэхъуэщым и бжэхэр зэӀухауэ щилъагъум, абы щӀэсахэр щӀэпхъуэжауэ къыфӀэщӀщ, и джатэр кърихри, зиукӀыжыну хуежьащ. Ауэ Паул макъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Лей зумыхыж! Дэ псори мыбы дыщӀэсщ!
រុករក Апостол. 16:27-28
គេហ៍
ព្រះគម្ពីរ
គម្រោងអាន
វីដេអូ