ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр цӀыху гуэрым и гум илъмэ, ар къывэзыгъэщӀэнур мыращ: Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезымыхьэ дэтхэнэми игу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъщ.