Данил 9
9
И лъэпкъым щхьэкӀэ Данил тхьэ зэрелъэӀуар
1Бабылей пащтыхьыгъуэм Ахъийшурэщ#9:1 Ахъийшурэщ – Зи гугъу ищӀыр Сэфирэт и Тхылъыр зытепсэлъыхь Ахъийшурэщ пащтыхьыркъым; зи цӀэ къриӀуэр хэтми нахуэкъым. и къуэ Дарий, мыд лъэпкъым щыщыр, пащтыхьу щытрагъэува гъэр екӀуэкӀырт. 2Ар тахътэм щыдэкӀуея гъэм, сэ Тхыгъэ ЛъапӀэхэм седжэурэ, Зиусхьэным Ирмий бегъымбарым къыхуригъэха псалъэм ипкъ иткӀэ, Ерусалим илъэс блыщӀкӀэ зэхэкъутарэ бгынэжауэ щытын зэрыхуейр къызгурыӀуащ. 3Сэ нэщӀ сихьэри, щыгъуэ щыгъынхэр щыстӀэгъауэ, сахуэр си щхьэм тезгъэщащэурэ, си Тепщэу си Тхьэм хуабжьу селъэӀун щӀэздзащ.
4Зиусхьэну си Тхьэм селъэӀурт сэ, си лъэпкъым и гуэныхьхэмкӀэ зызумысыжыурэ: «Тепщэу си Тхьэ ин, телъыджэ! Уи лъэпкъым епщӀылӀа зэгурыӀуэныгъэр пхъумэу, фӀыуэ укъэзылъагъуу уи унафэхэр зыгъэзащӀэхэм Уэ уахуэпэжщ. 5Ауэ дэ гуэныхь къэтхьащ, щӀэпхъаджагъэ длэжьащ. Уи унафэхэмрэ уи хабзэхэмрэ ӀэщӀыб тщӀыри, бзаджащӀэ дыхъуауэ дыппэщӀэуващ. 6Ди пащтыхьхэми, ди Ӏэтащхьэхэми, ди адэжьхэми, ди хэкум лъэпкъыу ис псоми уи цӀэкӀэ зыкъытхуэзыгъазэу щыта уи бегъымбархэм дедэӀуакъым.
7Си Тепщэ, Уэ ущыпкъэщ – дэ нобэкӀэ дынапэтехщ. Уэ дызэрыпхуэмыпэжам къыхэкӀкӀэ, дэ псори – ехьудейхэри, Ерусалим дэсхэри, дызыхэбгуэша къэралхэм щыпсэухэу жыжьэуи гъунэгъууи щыӀэхэри – исрэӀил лъэпкъыр зэрыщыту дынапэтехщ. 8Зиусхьэн, дэ ди пащтыхьхэми, ди Ӏэтащхьэхэми, ди адэжьхэми емыкӀушхуэ къэтхьащ, уи пащхьэ гуэныхь зэрыщытщӀамкӀэ. 9Ди Тепщэу ди Тхьэ, Уэ угущӀэгъулыщи, ди гуэныхьхэр къытхуэбгъэгъуну ухьэзырщ, дыппэщӀэувами: 10Уэ, Зиусхьэну ди Тхьэм, дынодэӀуакъым, уи пщылӀ бегъымбархэм къыдебгъэта хабзэхэм дадызекӀуакъым. 11ИсрэӀил псор уи Унафэм ебакъуэри, я щӀыб къыпхуагъэзащ, къодэӀуэну хуэмейуэ. Абы кърикӀуэу, гыбзафэ щӀыӀэу Тхьэм и бегъымбар Мусэ и Хабзэм итхэр къыттехуащ, Уэ уи пащхьэ гуэныхь щыдлэжьати. 12Уэ нэлат псалъэу дэри ди Ӏэтащхьэхэми къытхужыпӀа псори къэбгъэхъуащ, насыпыншагъэшхуэ къытхуэбгъакӀуэри. Уафэм и лъабжьэм зэи къыщымыхъуар Ерусалим къыщыщӀащ. 13А насыпыншагъэ Ӏейр къыттепсыхащ Мусэ и Хабзэм зэритым хуэдэу, итӀани Уэ уи гущӀэгъу дылъыхъуакъым, ди гуэныхьхэр къэдмыгъанэурэ, уи псалъэр зэрыбгъэпэжыр къытфӀэмыӀуэхуурэ. 14Ди Тхьэ, Уэ уи Ӏуэху псомкӀи узахуэщ, дэ дынодэӀуатэкъыми, бэлыхьрэ бэӀутӀэӀуу тхуэбгъэхьэзырар къытхуэбгъэкӀуащ.
15Уэ, Тепщэу ди Тхьэ, уи къару иныр бгъэлъагъуэу уи лъэпкъыр Мысырым къипшыжри, абыкӀэ уи цӀэр цӀэрыӀуэ хъуауэ, нобэр къыздэсми ягъэлъапӀэ, ауэ дэ гуэныхь тщӀащ, къуаншагъэ длэжьащ. 16Иджы, ди гуэныхьхэмрэ ди адэжьхэм я хабзэншагъэмрэ къыхэкӀыу, Ерусалим къалэри уи лъэпкъри къэзыухъуреихь адрей щӀыналъэ псоми щӀэнакӀалъэ щыхъуащ. Ди Тепщэ, сыт щыгъуи уи лъэпкъым ухуэпэжу, къебгъэлу зэрыщытам и хьэтыркӀэ, уи губжь иныр Ерусалим, уи бгы лъапӀэм, щхьэщыхыж.
17Иджы, ди Тхьэ, уи пщылӀыр хуабжьу къызэролъэӀур зэхэх! Ди Тепщэ, уи псэупӀэ лъапӀэ зэхэкъутам нэфӀкӀэ къеплъыж – Уэ Езым уи хьэтыркӀэ. 18КъысщӀэдэӀуи, си Тхьэ, сызэхэх; уи нэр къызэтехи уи цӀэр зезыхьэ ди къалэр зэрызэхэкъутам къеплъ. Дэ ди захуагъэм и хьэтыр плъагъуну дынолъэӀуркъым, атӀэ уи гущӀэгъу инырщ дызыщыгугъыр. 19Си Тепщэ, сызэхэх! Си Тепщэ, къытхуэгъэгъу! Си Тепщэ, гулъытэ къытхуэщӀ, думыгъэщӀэхъу! Си Тхьэ, зумыӀэжьэ, Уэ Езым уи хьэтыркӀэ, уи цӀэр уи къалэми уи лъэпкъми зэрызэрахьэм къыхэкӀкӀэ».
Блыурэ блыщӀым къикӀыр
20Апхуэдэу Зиусхьэну си Тхьэм селъэӀурт сэ, си гуэныхьхэмкӀи си исрэӀил лъэпкъым и гуэныхьхэмкӀи зызумысыжыурэ. СелъэӀурт Тхьэм и бгы лъапӀэм щхьэкӀи. 21ТхьэлъэӀум сыздыпэрытым, япэм къысхуэлъэгъуауэ щыта ДжэбрэӀил, псынщӀэу къэлъатэри, гъунэгъу зыкъысхуищӀащ. Ар къыщыхъуар пщыхьэщхьэ къурмэныр щащӀ зэманым ирихьэлӀэущ.
22«Данил, сэ сыкъыщӀэкӀуар зэхэщӀыкӀыныгъэ уэстын папщӀэщ, – къызжиӀащ абы, сиущийурэ. 23– Уэ Тхьэм уфӀэлъапӀэщи, елъэӀун зэрыщӀэбдзэу жэуап къуатыжащ. Ар ныбжесӀэн щхьэкӀэщ сэ сыкъыщӀэкӀуар. Аращи, быдэу къэдаӀуи, къыпхуеха псалъэр зыгурыгъаӀуэ:
24Блыурэ#9:24 Блыурэ – Е «тхьэмахуэурэ». Апхуэдэуи еплъ 25-нэ, 26-нэ пычыгъуэхэм. блыщӀ пӀалъэ уи лъэпкъми уи къалэ лъапӀэми хухахащ, щӀэпхъаджагъэмрэ гуэныхьхэмрэ кӀэ ирату, къуаншагъэр ягъэзэкӀуэжын щхьэкӀэ; захуагъэр игъащӀэкӀи хабзэу ягъэуву, бегъымбарӀуатэу къэлъэгъуам мыхъурыр традзэу, я нэхъ лъапӀэ дыдэ щӀыпӀэр#9:24 я нэхъ лъапӀэ дыдэ щӀыпӀэр – Е «я нэхъ лъапӀэр». ягъэнэхун#9:24 ягъэнэхун – ЖуртыбзэкӀэ: «(дагъэ) щыхуэн». папщӀэ.
25ЗэгъащӀэ икӀи зыгурыгъаӀуэ: Ерусалим зэфӀагъэувэжыну, дращӀеижыну унафэ къыщыдэкӀынум щыщӀэдзауэ Тхьэм къыхиха#9:25 Тхьэм къыхиха – ЖуртыбзэкӀэ: «Машиах», «дагъэ зыщыхуа» къызэрыкӀщ. Тепщэр#9:25 Тепщэр – Е «тепщэр». къэкӀуэху блыурэ блыи блыурэ хыщӀрэ тӀуи дэкӀынущ. Къалэр яухуэжынущ – утри къуэтӀыгъэхэри, ауэ зэман гугъуу щытынущ а лъэхъэнэр.
26Блыурэ хыщӀрэ тӀур дэкӀа нэужь, Тхьэм къыхихар ажалым иратынущ, псоми къагъэнауэ#9:26 псоми къагъэнауэ – Журтыбзэ текстым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр нахуэкъым. . КъэкӀуэну пашэм и дзэм#9:26 дзэм – Е «лъэпкъым». къалэри псэупӀэ лъапӀэри зэхикъутэнущ; псыдзэр къызэрыкӀуэм хуэдэу зэшэзэпӀэу абыхэм кӀэухыр ягъуэтынущ; зауэр и кӀэм нэсыхукӀи лъапсэрыхыу щытынущ. 27Абы зы блым и кӀыхьагъкӀэ зэгурыӀуэныгъэ быдэ куэдым ирищӀылӀэнущ, а блым и кум хуэзэу къурмэнхэри тыгъэхэри щригъэгъэтынущ. ПсэупӀэ лъапӀэм лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкӀуэн гущыкӀ теплъэ зиӀэ щагъэувынущ, зэрыпхъуакӀуэм хуауха кӀэухыр имыгъуэтыху».
Currently Selected:
Данил 9: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021