КъысщӀэдэӀуи, си Тхьэ, сызэхэх; уи нэр къызэтехи уи цӀэр зезыхьэ ди къалэр зэрызэхэкъутам къеплъ. Дэ ди захуагъэм и хьэтыр плъагъуну дынолъэӀуркъым, атӀэ уи гущӀэгъу инырщ дызыщыгугъыр. Си Тепщэ, сызэхэх! Си Тепщэ, къытхуэгъэгъу! Си Тепщэ, гулъытэ къытхуэщӀ, думыгъэщӀэхъу! Си Тхьэ, зумыӀэжьэ, Уэ Езым уи хьэтыркӀэ, уи цӀэр уи къалэми уи лъэпкъми зэрызэрахьэм къыхэкӀкӀэ».