YouVersion Logo
Search Icon

Данил 10

10
Данил Даджлат и Ӏуфэм къыщыхуэлъэгъуар
1Къэжэр пащтыхьыгъуэм Кир зэрытеувэрэ ещанэ гъэр екӀуэкӀыу#10:1 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 536 гъэрщ; абы щыгъуэм, Данил илъэс 80-м щӀигъут. , Данил, иджыри БэлътэщэркӀэ зэджэм, псалъэ къыхуехащ. Абы и хъыбарыр пэжщ, зытеухуар бэнэныгъэ инщ. Къыхуеха псалъэр абы зэхищӀыкӀащ – а къыхуэлъэгъуам къыщыгурыӀуащ.
2Абы щыгъуэ сэ тхьэмахуищ енкӀэ хуабжьу сынэщхъеят. 3А зэманым къриубыдэу, ерыскъы хэплъыхьаи, лыи, сани си жьэм хуэсхьатэкъым, мэ гуакӀуэ къызыпих дагъи зыщысхуатэкъым.
4Япэ мазэм и тӀощӀрэ еплӀанэ махуэм Даджлат псышхуэм и Ӏуфэм сыӀутт. 5Си напӀэр къэсӀэтрэ сыплъэмэ, къызолъагъу лӀы гуэр щыту: чэтэн щыгъынхэмкӀэ хуэпарэ и бгым дыщэзэрылэу#10:5 дыщэзэрылэу – Е «Уфаз къыщыщӀаха дыщэм къыхэщӀыкӀауэ». бгырыпх щӀэлъу. 6Абы и Ӏэпкълъэпкъыр мывэ лъапӀэм хуэдэу нурыбэт, и нэкӀур щыблэм хуэдэу лыдырт, и нитӀыр мафӀэ бзийм хуэдэу къаблэрт, и Ӏэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ гъуаплъэ гъэцӀууам хуэдэу зэщӀэпщӀыпщӀэрт. Щыпсалъэм щыгъуэ и макъыр цӀыху куэдым я макъым хуэдэт.
7Сэ си закъуэщ ар къызыхуэлъэгъуар; си гъуса цӀыхухэм ар ялъэгъуакъым, ауэ ахэр апхуэдизкӀэ шынагъэм зэщӀищтати, зэбгрыжри загъэпщкӀуащ. 8Си закъуэ сыкъанэри, а къэлъэгъуа телъыджэм сеплъащ. Си къарур щӀэкӀауэ, жанагъ схэмылъыжу ерагъмыгъуейуэ сызэфӀэтт. 9Абы и макъыр зэрызэхэсхыу, сэ сыджалэри, лӀам хуэдэу, нэкӀукӀэ щӀым сыхэӀубауэ сыщылъащ. 10Ауэ зыгуэр къызэӀусэри, сыкӀэзызурэ хьэлъакъуиплӀу сыкъигъэуващ.
11«Тхьэм фӀэлъапӀэу Данил! – зыкъысхуигъэзащ абы, – иджы сэ уэ сыкъыпхуагъэкӀуащи, къызэфӀэуви, ныбжесӀэну псалъэхэр зыгурыгъаӀуэ». Абы ар къызжиӀа нэужь, сэ сыкӀэзызурэ сыкъэтэджащ.
12ИтӀанэ абы адэкӀэ къыпищащ: «Умышынэ, Данил! ЗэхэщӀыкӀыныгъэ улъыхъуэу, Тхьэм и пащхьэ уи щхьэр бгъэлъахъшэн щыщӀэбдза махуэ дыдэм уи лъэӀур зэхахри, жэуапыр къыпхуэсхьыну сыкъагъэкӀуат, 13ауэ Къэжэр пащтыхьыгъуэм и тепщэр#10:13 тепщэр – Зи гугъу ищӀыр мелыӀыч е мелыӀычхэм хуэдэ гуэр къыщӀэкӀынщ. махуэ тӀощӀрэ зыкӀэ къыспэщӀэтащ. Апхуэдэу къэжэр пащтыхьхэм си закъуэ сакъыщыбгъэдэнэм, тепщэ нэхъ лъагэхэм яз МыхьэӀил къакӀуэри къыздэӀэпыкъуащ. 14Иджы уи деж сыкъэкӀуащ, лъэхъэнэм и кӀэм уи лъэпкъым къыщыщӀынур ныбжесӀэн щхьэкӀэ, къыпхуэлъэгъуар зэхьэлӀар а махуэхэращи».
15Абы ар апхуэдэу къыщызжиӀэм, си напӀэр есхьэхри, си бзэр иубыдащ. 16Абдежым цӀыху теплъэ зиӀэ гуэр си Ӏупэм къеӀусэщ, си бзэр къиутӀыпщыжри, си пащхьэ къитым зыхуэзгъэзащ: «Си зиусхьэн, – жысӀащ сэ, – мы къысхуэлъэгъуам апхуэдизу сызэхиукӀащи, зы къару къысхэнэжакъым. 17Дауэ сэ, уи пщылӀыр, сызэрынопсэлъэнур? Зы къару схэтыжкъым, ерагъкӀэщ сызэрыбауэр».
18Аргуэру а цӀыху теплъэ зиӀэр къыстеӀэбэри къару къысхильхьащ. 19«Умышынэ, Тхьэм фӀэлъапӀэ! Зыри къыпщыщӀынукъым. ЛӀыгъэ зыхэгъэлъ, уи гур гъэбыдэ!» къызжиӀащ абы. Абдежым, си гур къызэрыгъуэтыжри, «Къызэпсалъэ, си зиусхьэн, уэ къару къысхэплъхьэжащ» жесӀащ.
20ИтӀанэ ар къызэупщӀащ: «Сэ уи деж сыкъыщӀэкӀуар пщӀэрэ? – жиӀэри. – Дауи, куэд мыщӀэу сэ згъэзэжын хуейщ, Къэжэрым я тепщэм сезэуэн щхьэкӀэ, ар зэфӀэкӀмэ, Алыджым я тепщэр къэкӀуэнущ. 21Ауэ япэщӀыкӀэ Пэжыгъэ Тхылъым итыр ныбжесӀэнущ. (Абыхэм сапэщӀэтыныр зыми къыздиӀыгъыркъым сэ, фи тепщэ МыхьэӀил фӀэкӀа.

Currently Selected:

Данил 10: АдгФЛ

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in