ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ. Мэссихь и апостол#1:1 апостол – нэгъуэщӀ цӀыху гуэрым и цӀэкӀэ псэлъэну икӀи Ӏуэху ищӀэну хуитыныгъэ зиӀэрщ. сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр#1:1 хъыбарыфӀыр – Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыращ. цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну сигъэуващ. 2А хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и бегъымбархэм я жьэкӀэ цӀыхухэр игъэгугъащ, и псалъэ тха лъапӀэхэм#1:2 Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэр – мыбдежым абы къикӀыр журтхэм я тхылъ лъапӀэхэрщ. зэрыхэтым хуэдэу. 3А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ. 4Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр. 5Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ. 6Фэри абыхэм фащыщщ, Хьисэ Мэссихь и бынхэм ящыщ фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ.
7Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх.
Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Паул Рим къалэм кӀуэну зэрыхуеяр
8Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ, 9сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ. 10Тхьэм жиӀэмэ, фи деж икӀэм-икӀэжым сынэкӀуэну къызэхъулӀэнкӀэ солъэӀу.
11Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фигухэр зыгъэбыдэн фӀыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкӀэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ. 12А зы фӀэщхъуныгъэу диӀэмкӀэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсӀэр. 13Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.
14Алыджхэми, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми, зэхэщӀыкӀ зиӀэхэми зимыӀэхэми си фӀагъ езгъэкӀыну си пщэм дэлъщ. 15Аращ фэ, Рим къалэм дэсхэми, хъыбарыфӀыр ныфхуэсӀуэтэну куэду сыщӀыхуеяр.
ХъыбарыфӀым и лъэкӀыныгъэр
16Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр. 17Тхьэм цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэ гъуэгур хъыбарыфӀым къегъэнахуэ. Япэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэсыху а Ӏуэхугъуэр зэщӀа зэрыхъур фӀэщхъуныгъэм и гъуэгукӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#1:17 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Хавакук (Аввакум) бегъымбарым и тхылъым 2:4. «ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ».
Тхьэм дежкӀэ цӀыху псоми къуаншагъэ яӀэщ
18Тхьэм и фӀэлӀыкӀ цӀыхухэм я гум зэримылъым икӀи я бзаджагъэ псоми щхьэкӀэ, уафэм къех и губжьыр Тхьэм къегъэнахуэ, я бзаджагъэкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэр ягъэпщкӀуну и ужь итщи. 19Тхьэм теухуауэ цӀыхухэм ящӀэфынур абыхэмкӀэ нахуэщ, Тхьэм ар къахуигъэнэхуащ. 20Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщӀахэмкӀэ цӀыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокӀ. Езым и хьэл-щэн ямылъагъуфу жыхуэсӀэр и лъэкӀыныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынур аращ, езыр Тхьэуэ зэрыщытри аращ. Аращи, цӀыхухэм зызэрагъэхеин зыри щыӀэкъым.
21Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ. 22АкъылыфӀагъэ яӀэ къафӀэщӀыжурэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу къыщӀэкӀащ. 23ЦӀыхухэм щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэуэ мыкӀуэдыжынур ямыгъэлъапӀэу щытащ. Тхьэм хуагъадэу, езыхэм я ӀэкӀэ ящӀа тхьэ нэпцӀхэр Тхьэм и пӀэкӀэ ягъэлъэпӀащ цӀыхухэм. А тхьэ нэпцӀхэр къуалэбзухэм, лъакъуиплӀкӀэ зекӀуэхэм, ныбэгукӀэ къэзыпщхьхэм яхуэдэу щытащ.
24Аращи, абыхэм ягухэр Ӏуэху мыхъунхэм ящӀэхъуэпсу, япкъхэмкӀэ мыхъун зращӀэжыну, фӀеигъэм хэту Тхьэм ахэр къигъэнащ. 25Тхьэм и щыпкъагъэм и пӀэ пцӀыр ирагъэуващ. ЩыӀэ псори къэзыгъэщӀа Тхьэр ямыгъэлъапӀэу икӀи абы хуэмылажьэу, Тхьэм къигъэщӀахэр ягъэлъэпӀащ икӀи абыхэм яхуэлэжьащ. Езы Тхьэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр ейщ. Ӏэмин.
26Аращи, ягухэр зыщӀэхъуэпс мыхъун Ӏуэхухэм яхэтыну Тхьэм ахэр къигъэнащ. Я цӀыхубзхэри хабзэм текӀри, зым адрейм мыхъун ирищӀащ. 27ЦӀыхухъухэри хабзэм текӀри, я фызхэм екӀуэлӀэныр щагъэтри, зы лӀыр адрей лӀым щӀэхъуэпс хъуащ. Апхуэдэу цӀыхухъухэми мыхъун зэращӀэжри, япкъхэмкӀэ Ӏуэху фейм хуэфащэр ягъуэтыжащ.
28Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ. 29Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ. 30Ахэр бзэгузехьэщ, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятопсэлъыхь, Тхьэр жагъуэу ялъагъу, цӀыхухэм ягу зрагъабгъэ, зыщотхъуж, загъэпагэ, бзаджагъэхэр къагупсыс икӀи я адэ-анэхэм яхуэӀурыщӀэркъым. 31ЗэхэщӀыкӀ яӀэкъым, я псалъэхэр ягъэзащӀэркъым, гухуабагъи яӀэкъым, зэкӀужыныгъэри гущӀэгъуныгъэри зищӀысри ящӀэркъым. 32А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: