Иудэ 1
1
ФӀэхъус
1Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб#1:1 Екъуб – Ерусалим щыӀа члисэ зэхуэсым и унафэщӀ къуэшхэм ящыщыр арагъэн хуейщ. Еплъ Апостол. 15:13; Гал. 1:19. срикъуэшщ.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.
2Тхьэм къыбгъэдэкӀыу гущӀэгъушхуэ, гузэгъэгъуэшхуэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ къыфлърес.
Дин егъэджакӀуэ нэпцӀхэр
(2 Петр 2:1-17)
3ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ. 4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.
5Мыр фщӀэми, фи гум къэзгъэкӀыжыну сыхуейщ: Зиусхьэным езым и лъэпкъыр Мысыр къэралым къришыжу, мыкӀуэду къригъэлауэ щытми,#1:5 Мысыр къэралым къришыжу, мыкӀуэду къригъэлауэ щытми – еплъ 2 Мусэ 12:51; 4 Мусэ 4:26-38. абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр иужькӀэ игъэкӀуэдащ.* 6Тепщэныгъэ зыщаӀэ щӀыпӀэр къэзыгъэна мелыӀычу, Тхьэм къарита щӀыпӀэм икӀахэр Тхьэм цӀыхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэшхуэм нэсыху игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжын Ӏэхъулъэхъухэр ярылъу кӀыфӀыгъэм хегъэт. 7Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм#1:7 Содом, Ӏаморэ къалэхэр – еплъ 1 Мусэ 19:1-24. я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.
8Апхуэдэу, я нэкъыфӀэщӀхэм щхьэкӀэ мы цӀыхухэм япкъхэр ягъэуфӀей; тепщэныгъэ зиӀэхэр ядэркъым, уафэм щӀыхьышхуэ щызиӀэхэми хуошхыдэ. 9Япэ мелыӀычу Михаилрэ шейтӀанымрэ Мусэ бегъымбарым и хьэдэр щызэпаубыдам щыгъуэ Михаил шейтӀаныр псалъэ ткӀыбжькӀэ игъэкъуэншэну тегушхуакъым, «Зиусхьэным къыпхуремыдэ!» жриӀа къудейщ. 10А цӀыхухэр зыри зыхамыщӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэми хущӀоджэ; ауэ акъыл зимыӀэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм езыхэм къыдалъхуауэ я хьэлкӀэ Ӏуэхугъуэхэр зэрызыхащӀыкӀым хуэдэу, а цӀыхухэм зыхащӀыкӀ Ӏуэхугъуэхэр арщ ахэр зытеунахъуэр.
11Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин#1:11 Каин – еплъ 1 Мусэ 4:3-8. и гъуэгу техьащ, Билеам#1:11 Билеам – еплъ 4 Мусэ 22:1-35. зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм#1:11 Корей – еплъ 4 Мусэ 16:1-35. хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.
12ФыщызэдэшхэкӀэ, апхуэдэ цӀыхухэр фэркӀэ укӀытэгъуэ мэхъу: КъыщывдэшхэкӀэ нэмыс яхэлъкъым, загъэнщӀыркъым. Ахэр уэшх къызыхэмыкӀыу, жьым зэрихуэ пшэхэм хуэдэщ. Бжьыхьэм зыри къызыпымыкӀэу, зи лъабжьэр къыхатхъауэ, тӀэу лӀа жыгхэрщ зыхуэдэр ахэр. 13Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.
14Еныху бегъымбару Ӏэдэм зи цӀэм къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу еханэм и гум Тхьэм кърилъхьэ псалъэхэр жиӀэурэ, а цӀыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэ зимыӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ. 15КъыщӀэкӀуэнур цӀыху псоми хьэкум ятрищӀыхьыну аращ икӀи абыхэм ящыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъ псоми я къуаншагъэ псори яригъэлъагъуну арщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ я гум имылъу, бзаджагъэ Ӏуэхугъуэу ялэжьа псом щхьэкӀи, псалъэ Ӏейуэ Зиусхьэным теухуауэ жаӀа псом щхьэкӀи къуаншэ зэрыхъуар а гуэныхьыщӀэ цӀыхуу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зигу имылъхэм яригъэлъагъунущ». 16Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.
Теубыдагъэ зивгъэӀэ
17Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и апостолхэм#1:17 апостолхэр – япэщӀыкӀэ апостолкӀэ зэджахэр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ япэрей цӀыху пщыкӀутӀырщ. ИтӀанэ нэгъуэщӀ цӀыхуу Паул хуэдэу, Хьисэ мы дунейм щытетым, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу щымыӀауэ, итӀанэ и гъуэгу техьахэм апостолкӀэ еджэ хъуащ. къэхъуну къыжаӀа Ӏуэхугъуэхэр фи гум къэвгъэкӀыж. 18КъывжаӀар мыращ: Мы дунейм и иужьрей зэманым щӀэнэкӀакӀуэу зи мурад Ӏейхэм хуэпсэухэр къэхутэнущ. 19Мыпхуэдэ цӀыхухэращ фызэгурызымыгъаӀуэр. Абыхэм къыдалъхуауэ я хьэлым къызэрыришэкӀым тету псэухэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъкъым.
20Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. 21Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь гущӀэгъу къыфхуищӀу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ къызэрывитынум фыпэплъэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн. 22ЗэхэщӀыкӀ зивгъэӀи, ди фӀэщхъуныгъэмкӀэ шэч зиӀэ цӀыхухэм гущӀэгъу яхуэфщӀ. 23НэгъуэщӀхэри мафӀэм къыхэфшыжи,#1:23 нэгъуэщӀхэри мафӀэм къыхэфшыжи – фэ фщыщ нэгъуэщӀи жыхьэнмэм и мафӀэм хэхуэну щытхэр мыкӀуэду къевгъэл. мыкӀуэду къевгъэл. ИтӀанэ нэгъуэщӀ цӀыхухэми фахуэсакъыурэ, гущӀэгъу яхуэфщӀ.#1:23 нэгъуэщӀ цӀыхухэми фахуэсакъыурэ гущӀэгъу яхуэфщӀ – а цӀыхухэм я фӀеигъэм фыхамыгъэхуэн щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж. Япкъхэм ягъэуфӀея щыгъынхэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.
Тхьэм щӀыхь хуэдвгъэщӀ
24И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ. 25Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.
Currently Selected:
Иудэ 1: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: