YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьыр захуагъэкӀэщ
1Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри. 2Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ. 3Ауэ а Ӏуэхухэр зылэжьхэр уэ бгъэкъуаншэу щыт пэтми, итӀани абыхэм ящӀам хуэдэ уэри пщӀэмэ, Тхьэм хьэкум къыптримыщӀыхьыну уи гугъэрэ? 4Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?
5Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ. 6Тхьэм хэти и Ӏуэхухэм яхуэфащэр иритынущ. 7ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ. 8Ауэ цӀыху ерыщу, щыпкъагъэм хуэмыӀурыщӀэу, бзаджагъэм хуэӀурыщӀэхэм Тхьэм и губжьышхуэр къалъигъэӀэсынущ. 9Тхьэм бзаджагъэ зыщӀэ дэтхэнэми гузэвэгъуэрэ гухэщӀрэ къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым. 10Ауэ Тхьэм фӀы зыщӀэ дэтхэнэми щӀыхьи, лъытэныгъи, гузэгъэгъуи къылъигъэӀэсынущ, япэщӀыкӀэ журтым, итӀанэ мыжуртым. 11Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ.
12Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэ зимыӀэу, гуэныхь зыщӀа цӀыху псоми, Торэт хабзэр ямыӀауэ щыт пэтми, кӀуэдыжынущ ахэр. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэту, гуэныхь зыщӀа цӀыху псори Торэт хабзэм тету Тхьэм игъэкъуэншэнущ. 13Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэхэзыххэр аракъым Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр, Торэт хабзэр зыгъэзащӀэхэращ. 14Хамэ лъэпкъхэм#2:14 хамэ лъэпкъхэр – мыжуртхэр арщ. ящыщу Торэт хабзэр зимыӀэхэм гурыӀуэныгъэу яхэлъымкӀэ Торэт хабзэр щагъэзащӀэкӀэ, Торэт хабзэр яхэмылъ пэтми, хабзэр зыхуэдэр зэращӀэр къагъэлъагъуэ, 15Торэт хабзэм и унафэхэр я гум итхауэ зэрилъыр а цӀыхухэм наӀуэ ящӀри. Апхуэдэу зэрыщытым ягухэр щыхьэт хуохъу, а цӀыхухэм я гупсысэхэмкӀи зэ загъэкъуаншэ, зэ загъэхей. 16А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.
Журтхэмрэ Торэт хабзэмрэ
17«Сэ сыжуртщ», жыбоӀэ. Торэт хабзэм ущогугъ, икӀи «Тхьэр сощӀэ», жыпӀэурэ узыщотхъуж. 18Торэт хабзэм итхэр зэрыуагъэщӀам щхьэкӀэ Тхьэр зыхуейр уощӀэ, фӀыр зыхуэдэри зэхэпщӀыкӀын плъэкӀынущ. 19ЩӀэныгъэ псори щыпкъагъэ псори зэрыт Торэт хабзэр уи Ӏэм ӀэщӀэлъу, нэфхэм урагъуазэу, кӀыфӀыгъэм хэтхэми уранэхуу зыболъытэж. 20ЩӀэныгъэ зимыӀэхэр зыгъэӀущынур уэрауэ, ныбжьыщӀэми Ӏуэхухэр езыгъэщӀэнур уэрауэ уигугъэжщ. 21НэгъуэщӀ цӀыхухэм Ӏуэхухэр ябогъащӀэ, ауэ уэ уи щхьэм ебгъэщӀэжрэ? 22ЦӀыхухэм мыдыгъуэну яжыбоӀэ, уэ уи щхьэкӀэ удыгъуэрэ? «Зинэ умыщӀэ», цӀыхухэм яжыбоӀэ, уэ уи щхьэкӀэ зинэ пщӀэрэ? Тхьэ нэпцӀхэм я сурэтхэр зупэсыркъым, ауэ тхьэ нэпцӀхэм я сурэтхэр зыщӀэт унэхэр уэ уи щхьэкӀэ пхъунщӀэркъэ? 23Торэт хабзэр зэрыуиӀэм щхьэкӀэ узыщотхъуж, ауэ Торэт хабзэм итхэм узэрытекӀымкӀэ Тхьэр бгъэпудрэ? 24Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#2:24 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 52:5. «Фэ фи лажьэкӀэ хамэ лъэпкъхэм щыщхэм Тхьэм и цӀэр ягъэулъий».
25Сунэт#2:25 сунэт – «обрезаниер» арщ. Еплъ 1 Мусэ 17:9-14. уащӀауэ ущытыным пщӀэ иӀэщ, Торэт хабзэм итхэр щыбгъэзащӀэкӀэ. Ауэ Торэт хабзэм итхэм уатекӀмэ, сунэт уащӀа пэтми, сунэт ямыщӀам ухуэдэщ. 26Сунэт ямыщӀа цӀыхум Торэт хабзэм и унафэхэр игъэзащӀэмэ, сунэт ямыщӀа пэтми, Тхьэм ар сунэт ящӀа цӀыхум хуэдэу ибжынукъэ? 27Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри. 28И теплъэкӀэ журтым хуэдэракъым журт пэжу щытыр, сунэту пкъым къыхэщу ящӀри аракъым сунэт пэжу щытыр. 29Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.