YouVersion Logo
Search Icon

Апокалипсис 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхылъымрэ Щынэмрэ
1Тахътэм тесым и Ӏэ ижьымкӀэ тхылъ гуэр иӀыгъыу слъэгъуащ итӀанэ. И кӀуэцӀкӀи и щӀыбкӀи тхауэ, а тхылъыр зэкӀуэцӀышыхьауэ, мыхъурибли тедзауэ щытащ. 2ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ мелыӀыч гуэри слъэгъуащ, макъышхуэкӀэ жиӀэу: «Мыхъурыр тезычыну, тхылъыр зэгуэзыхыну хэт зыхуэфащэр?» 3А тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зылъэкӀ цӀыху зыри уафэми, щӀылъэми, щӀылъэм и щӀагъми щыӀакъым. 4Тхылъыр зэгуихыну е абы итым еплъыну зыхуэфащэ цӀыху къызэрамыгъуэтам щхьэкӀэ, куэдрэ сыгъащ. 5Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэрым къызжиӀащ: «Умыгъ, моуэ къэдаӀуэ! Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщу аслъэнкӀэ зэджэу, Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэм#5:5 Даут пащтыхьым къытехъукӀа бын лъапӀэр – Хьисэ Мэссихьщ. текӀуэныгъэр къихьащ. Мыхъуриблыр тричын, тхылъри зэгуихын лъэкӀынущ абы».
6Щынэ гуэр фӀагъэжам хуэдэу, тахътэм и гупсэм иту, псэущхьиплӀымрэ тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ а Щынэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ слъэгъуащ итӀанэ. Бжьакъуибл тетт абы, нибли иӀэт. Ниблыр Тхьэм дунейм дэнэкӀи игъэкӀуа псиблыр аращ. 7А Щынэр кӀуэри, тахътэм тесым и Ӏэ ижьым ӀэщӀэлъ тхылъыр къыӀихащ. 8Ар къыщыӀихым, псэущхьиплӀымрэ цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ хъу тхьэмадэ нэхъыжьхэмрэ Щынэм и пащхьэм зыщрадзыхащ. ШыкӀэ пшынэм хуэдэ пшынэ лӀэужьыгъуэ гуэр иӀыгът хэти икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ, мэ ӀэфӀ зыпих удзхэр зэрыт фалъэхэр яӀыгът. А удзхэм япих мэ ӀэфӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэр арщ. 9УэрэдыщӀэ къыжаӀащ:
«Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну
уэ пхуэфащэщ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ,
уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми,
бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ
цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.
10Уэ уи гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, ди Тхьэм
хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну уэ дыбгъэуващ;
дунейми тепщэныгъэ щыдиӀэнущ».
11ИтӀанэ сыщыплъэм, тахътэм, псэущхьиплӀым, тхьэмадэ нэхъыжьхэм яхъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ мелыӀыч куэд дыдэхэм я макъыр зэхэсхащ; ахэр я бжыгъэкӀэ мин Ӏэджэ хъурт. 12Абыхэм макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу жаӀащ:
«ЛъэкӀыныгъэшхуэр, къулеигъэшхуэр,
акъылыфӀагъэр, къаруушхуэр,
лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, фӀыщӀэшхуэр
Щынэ фӀагъэжам хуэфащэщ».
13Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ:
«ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр,
тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ
Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
14ПсэущхьиплӀми «Ӏэмин» жаӀащ. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым зрадзыхри, сыт щыгъуи ЩыӀэнур ягъэлъэпӀащ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in