YouVersion Logo
Search Icon

Апокалипсис 4

4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Уафэм щыӀэ тахътэр
1Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, уафэм щыӀэ бжэ гуэр зэӀухауэ слъэгъуащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэу къызэпсалъэу зэхэсхыгъа макъым жиӀащ: «Мыбы къыдэкӀуей, дяпэкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр уэзгъэлъагъунущ». 2Абдеж дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ, икӀи сыщыплъэм, уафэм тахътэ гуэр щыслъэгъуащ, абы зыгуэр тест. 3Абы тесым и теплъэр мывэ лъапӀэ хужьу яспискӀэ зэджэмрэ мывэ лъапӀэ плъыжьу сардискӀэ зэджэмрэ я теплъэм хуэдэт. Тахътэм ихъуреягъкӀэ лэгъупыкъу теплъэ зиӀэ мывэ лъапӀэ удзыфэу смарагдкӀэ зэджэм хуэдэр щыӀэт. 4Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису. 5Тахътэм уафэхъуэпскӀхэри къилыдыкӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къыпыӀукӀащ. Тахътэм и пащхьэм уэздыгъибл къыщыблэрт – ахэр Тхьэм и псиблыр арщ. 6А тахътэм и пащхьэм, абджым къыхэщӀыкӀауэ, кристаллым хуэдэу нэхуу икӀи къабзэу, хым хуэдэу зыгуэр щыслъэгъуащ.
Утыкум тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ, псэущхьиплӀ итт. Я гупэкӀи я щӀыбкӀи абыхэм нэхэр яхэзт. 7Япэрей псэущхьэр аслъэным хуэдэт, етӀуанэр шкӀэм хуэдэт, ещанэм и нэгур цӀыхум и нэгум хуэдэт, еплӀанэр бгъэжь лъатэм хуэдэт. 8ПсэущхьиплӀым ящыщ дэтхэнэ зыми дамих тетт, нэхэр дэнэкӀи яхэзт. Жэщи махуи зэпымыууэ, мыпхуэдэу жаӀэ:
«ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ,
щыӀауэ, щыӀэу, икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэнур,
лъапӀэу, лъапӀэу, лъапӀэу щытщ».
9ЩӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, фӀыщӀэшхуэри тахътэм тесу, сыт щыгъуи щыӀэнум псэущхьэхэм 10хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ:
11«Уэ, ди Зиусхьэн, щӀыхьышхуэри,
лъытэныгъэшхуэри, лъэкӀыныгъэшхуэри
зыхуэфащэр уэращ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори къэзыгъэщӀар
уэращ,
уэ уфӀэигъуэти, ахэр къэхъури,
гъащӀэ яӀэ хъуащ».

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in