Bible App logo
Search Icon

Апокалипсис 20

20
20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Илъэс минхэр
1МелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ уафэм къехыу. ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм#20:1 щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэр – жин бзаджэхэм я лъэхъуэщырщ. и ӀункӀыбзи лэрыпсышхуэ гуэри иӀыгът абы. 2Благъуэжьу, иблискӀэ е шейтӀанкӀэ зэджэ блэжьыр иубыдри, илъэс минкӀэ Ӏэпхлъэпх ищӀащ мелыӀычым. 3ЩӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм щӀидзэщ, игъэбыдэжри, мыхъур тридзащ, илъэс миныр иухыху, лъэпкъхэр къимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. А илъэс миным и ужькӀэ зэман мащӀэкӀэ хуит ящӀыжын хуейщ.
4Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр#20:4 хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр – еплъ 13:16; 14:9. традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ. 5А илъэс миныр дэкӀыху, лӀауэ къэна адрейхэр къэхъужакъым. Мыхэращ лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар. 6ЛӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжхэр лъапӀэщ икӀи гъуэгу махуэ теуващ. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм#20:6 етӀуанэ лӀэныгъэр – еплъ 20:14; 21:8. и ягъэ абыхэм яригъэкӀыну лъэкӀыныгъэ иӀэкъым. Тхьэмрэ Мэссихьрэ хуэлажьэ дин пашэу щытынущ ахэр. Илъэс минкӀи тепщэныгъэ яӀэнущ Мэссихь и гъусэу.
ШейтӀаным зэрытекӀуэр
7А илъэс миныр дэкӀа нэужь, шейтӀаныр лъэхъуэщым къыщӀагъэкӀыжынущ. 8Ар кӀуэнурэ, щӀылъэм и лъэныкъуиплӀым щыӀэ лъэпкъыу Гогрэ Магогрэ#20:8 Гогрэ Магогрэ – лъэпкъыу Тхьэм и цӀыхухэм езэуэну зэхуэсхэращ. Еплъ Езекиел бегъымбарым и тхылъым, 38-нэ икӀи 39-нэ едзыгъуэхэм. зи цӀэхэр игъэпцӀэнущ. Зэуэн щхьэкӀэ, ахэр зэхуишэсынущ. Абыхэм я бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизынущ. 9Апхуэдэу, щӀылъэм и гъунэр здынэсыр яубыдурэ кӀуэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я увыпӀэу Тхьэм фӀыуэ илъагъу къалэшхуэр#20:9 Тхьэм фӀыуэ илъагъу къалэшхуэр – Ерусалимщ. къаувыхьащ. Ауэ уафэм мафӀэ къехри, ахэр исащ. 10Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.
Тхьэм цӀыхухэм хьэкум зэратрищӀыхьыр
11Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым. 12ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ. 13Хым итхьэла цӀыхухэр къитыжащ. ЛӀэныгъэми лӀахэм я дунейми цӀыху лӀауэ яӀэхэр къатыжащ икӀи тахътэм тесым дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэ хьэкум трищӀыхьащ. 14МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ. 15МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in