1
Апокалипсис 20:15
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.
Compare
Explore Апокалипсис 20:15
2
Апокалипсис 20:12
ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.
Explore Апокалипсис 20:12
3
Апокалипсис 20:13-14
Хым итхьэла цӀыхухэр къитыжащ. ЛӀэныгъэми лӀахэм я дунейми цӀыху лӀауэ яӀэхэр къатыжащ икӀи тахътэм тесым дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэ хьэкум трищӀыхьащ. МелыӀычхэм лӀэныгъэри лӀахэм я дунейри мафӀэм ис хым хадзащ итӀанэ. МафӀэм ис хыр етӀуанэ лӀэныгъэращ.
Explore Апокалипсис 20:13-14
4
Апокалипсис 20:11
Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.
Explore Апокалипсис 20:11
5
Апокалипсис 20:7-8
А илъэс миныр дэкӀа нэужь, шейтӀаныр лъэхъуэщым къыщӀагъэкӀыжынущ. Ар кӀуэнурэ, щӀылъэм и лъэныкъуиплӀым щыӀэ лъэпкъыу Гогрэ Магогрэ зи цӀэхэр игъэпцӀэнущ. Зэуэн щхьэкӀэ, ахэр зэхуишэсынущ. Абыхэм я бжыгъэр хым и пшахъуэм хуэдизынущ.
Explore Апокалипсис 20:7-8