Апокалипсис 19
19
19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ:
«Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр.
ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.
2ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи
захуэщ.
Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр
абы игъэкъуэншащ.
Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а
псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».
3Аргуэру а гупышхуэр къэджащ:
«Аллилуя! А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр
игъащӀэкӀэ пихуурэ уафэм дэкӀуеинущ».
4Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ:
«Ӏэмин,#19:4 Ӏэмин – журтыбзэм щыщ псалъэу «Апхуэдэу ирехъу» къызэрыкӀыр аращ. аллилуя!»
5Тахътэм къиӀукӀа макъ гуэрым къыжиӀащ абдежым:
«Тхьэм хуэлажьэ цӀыху псоми,
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэми,
цӀыкӀуми инми, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэфщӀ!»
6ЦӀыху гупышхуэм я макъышхуэми, псыдзэ куэдым я макъышхуэми, уафэгъуагъуэм хуэдэ макъышхуэхэм мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ итӀанэ:
«Аллилуя! ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэу,
ди Зиусхьэну Тхьэм тепщэныгъэшхуэр
зэриӀэр къигъэнэхуащ.
7ДывгъэгуфӀэ икӀи дывгъэтхъэж,
щӀыхьышхуэри хуэдвгъэщӀ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Щынэм и къэшэгъуэр
къэсащ,
нысащӀэ хъунум зегъэхьэзыр.
8Чэсей пӀащӀэ лыд икӀи къабзэ
зыщитӀэгъэну мелыӀыч гуэрым Щынэм
и нысащӀэ хъунум иритащ».
Чэсей пӀащӀэм къикӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я щыпкъагъэр арщ.
9МелыӀычым къызжиӀащ итӀанэ:
– Мыр тхы: «Щынэм и нысашэм къригъэблэгъахэр гъуэгу махуэ теуващ». ИтӀани къызжиӀащ:
– Мыхэр Тхьэм и псалъэ пэжщ.
10Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ:
– Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.
Шы пщӀэгъуалэм тесыр
11Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ. 12И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт. Пащтыхь таж куэд щхьэрыгът. Езым фӀэкӀа зыми имыцӀыхуу и натӀэм цӀэ гуэр тетхат. 13Лъым ириӀа джанэ кӀыхь щыгът. Абы и цӀэр Тхьэм и Псалъэщ. 14Шы пщӀэгъуалэхэм тесу, чэсей пӀащӀэ хужь къабзэхэмкӀэ хуэпауэ, уафэм и дзэхэр абы и ужь итт. 15И жьэм лъэпкъхэм зэреуэну джатэ жан къыжьэдокӀ. ГъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ лъэпкъхэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и губжьышхуэм и жызум зэрапӀытӀ чеишхуэм жызумхэр щапӀытӀэнущ. 16Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.
17Дыгъэм хэту зы мелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уэфэгум щызелъатэ бзу псоми макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу яжриӀащ абы: «Тхьэм и гухэхъуэ Ӏэнэм фыкъеблагъэ, 18пащтыхьхэм ялри, дзэпщхэм ялри, лъэкӀыныгъэ зиӀэ цӀыхухэм ялри, шыхэм ялри, абыхэм тесхэм ялри, щхьэхуитми, пщылӀми, цӀыкӀуми, инми, цӀыху псоми ялри фшхын щхьэкӀэ».
19Хьэщхьэвылъэр,#19:19 хьэщхьэвылъэ – япэрей хьэщхьэвылъэу хым къыхэкӀарщ. Еплъ 13:1-10. дунейм и пащтыхьхэмрэ абыхэм я дзэхэмрэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Ахэр шым тесымрэ абы и дзэмрэ езэуэну зэхуэсащ. 20Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри#19:20 бегъымбар нэпцӀыр – етӀуанэ хьэщхьэвылъэу щӀы щӀагъым къыщӀэкӀарщ. Еплъ 13:11-15. яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым#19:20 мафӀэм ис хыр – жыхьэнмэрщ. Еплъ 14:10; 20:10. а тӀур псэууэ хадзащ. 21Шым тесым и жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ иукӀащ къэнахэри. Абыхэм ялкӀэ загъэнщӀащ къуалэбзу псоми.
Currently Selected:
Апокалипсис 19: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017