Апокалипсис 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр
1Ефес къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх:
Зи Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл зыӀыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту къэзыкӀухьым мы псалъэхэр жеӀэ: 2фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, куэду фызэрылэжьари, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэуари сощӀэ. ЦӀыху бзаджэхэр зэрывмышэчыфри сощӀэ. АпостолкӀэ зэджэж апостол нэпцӀхэр вгъэунэхуащ икӀи пцӀы зэраупсыр флъэгъуащ. 3Гугъуехь куэд фшэчащ, теубыдагъэ фиӀэуи фопсэу, си цӀэм щхьэкӀэ куэду фылэжьащ икӀи фешакъым.
4Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: нэхъапэм къысхувиӀа фӀылъагъуныгъэр зыхэвнэжащ. 5Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ. 6Ауэ ӀуэхугъуэфӀ гуэр фэ вдызолъагъу: Николай и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупым#2:6 Николай и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупыр – абыхэм тхьэ нэпцӀхэр ягъэлъапӀэрт икӀи зинэ ящӀэрт. ялэжь Ӏуэху бзаджэхэр уи жагъуэщ, сэ абыхэм я Ӏуэхухэр зэрызижагъуэм хуэдэу.
7Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. Тхьэм и жэнэтым ит жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытым#2:7 жыгыу цӀыхухэм гъащӀэ къезытыр – еплъ 1 Мусэ 2:9. къыпыкӀэм щыщ ишхыну хуит сщӀынущ текӀуэныгъэр къэзыхьыр.
Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр
8Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх:
Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ: 9Гузэвэгъуэу фызыхэтымрэ фи тхьэмыщкӀагъэмрэ сощӀэ, апхуэдэу щытми фыбейщ. ЖурткӀэ зэджэж мыжуртхэр ӀейкӀэ къызэрыфтепсэлъыхьыр сощӀэ. Ахэр журткъым, атӀэ шейтӀаным и зэхуэсым щыщщ. 10Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.
11Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ЕтӀуанэ лӀэныгъэм#2:11 етӀуанэ лӀэныгъэр – мыкӀуэдыжын лӀэныгъэу псэр зыгъэкӀуэдыр арщ. и ягъэ иригъэкӀынукъым текӀуэныгъэр къэзыхьым.
Пергам къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр
12Пергам къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх:
Зи дзитӀри жан джатэр зиӀэм мы псалъэхэр жеӀэ: 13Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.
14Ауэ Ӏуэху мыхъумыщӀэ гуэрхэр вдызолъагъу: Билеам и гъуэгум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. Билеамщ Балак#2:14 Билеам … Балак – еплъ 4 Мусэ 22:24, 31:1 икӀи 5 Мусэ 23:4. зыгъэӀущар, израил цӀыхухэм гуэныхь яригъэщӀэн щхьэкӀэ. Хамэ лъэпкъхэм щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр Балак израил цӀыхухэм яригъэшхащ икӀи зинэ яригъэщӀащ. 15Николай и гъуэгуу сэ слъагъу мыхъум тет цӀыхухэр къыфхэтщ. 16Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. ФахущӀемыгъуэжмэ, фи деж мыгувэу сынэкӀуэнурэ, си жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ абыхэм сезэуэнущ.
17Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм. ГъэпщкӀуауэ щыт мэнн шхыныгъуэм#2:17 мэнн шхыныгъуэр – израил цӀыхухэр Мысырым къикӀыжу, губгъуэ нэщӀым къыщакӀухьу щыщытым, Тхьэм яригъэшха шхыныгъуэр аращ. Еплъ 2 Мусэ 16:14-15, 31-35. щыщ естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. ЦӀэщӀэ зытетха мывэ хужьри естынущ. А мывэр зэст цӀыхум фӀэкӀа а цӀэр зыми ищӀэркъым.
Фиатирэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым Хьисэ Мэссихь хуигъэхьа хъыбарыр
18Фиатирэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх:
Тхьэм и Къуэу зи нэхэр мафӀэ бзийм хуэдэу, зи лъакъуэхэр гъуаплъэ плъам хуэдэу лыдым мы псалъэхэр жеӀэ: 19Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, фи фӀылъагъуныгъэри, фи фӀэщхъуныгъэри, дэӀэпыкъуэгъу фызэрызэхуэхъужри, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэури сощӀэ. Япэм нэхърэ иджы фӀы нэхъыбэ зэрыфщӀэри сощӀэ.
20Ауэ мыхъумыщӀэ гуэр вдызолъагъу: БегъымбаркӀэ зэджэж цӀыхубз Езавел фыпэувыркъым. Зинэ ящӀэнуи, хамэ лъэпкъ щыщхэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лыр яшхынуи сэ къысхуэлажьэ цӀыхухэр егъэӀущ икӀи дехьэх абы. 21ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым. 22Абы щхьэкӀэ гугъуехь ишэчу пӀэм хэзгъэлъынущ. А цӀыхубзым зинэ дэзыщӀахэри ящӀам хущӀемыгъуэжмэ, гузэвэгъуэшхуэ хэзгъэхуэнущ. 23Абы и бынхэри згъэлӀэнущ. ЦӀыхухэм я гум илъри я гупсысэхэри зыгъэунэхур сызэрыарар члисэ зэхуэс псоми къагурыӀуэнущ итӀанэ. Фэ фщыщ дэтхэнэми илэжьа Ӏуэхухэм яхуэфащэр естыжынущ. 24Фэ фщыщу Фиатирэ къалэм къыдэна цӀыхуу, Езавел и гъуэгум темыту, шейтӀаным и щэхушхуэхэр зэзымыгъащӀэхэм нэгъуэщӀ хьэлъэ зэрыфтезмылъхьэнур нывжызоӀэ. 25Сэ сыкъэкӀуэжыху, фӀэщхъуныгъэу фиӀэм фытемыкӀ.
26ТекӀуэныгъэр къэзыхьу, и кӀэм нэсыху си Ӏуэхухэр зыгъэзащӀэхэр лъэпкъхэм тепщэныгъэ яхуиӀэ сщӀынущ, си Адэм тепщэныгъэ сиӀэ сызэрищӀам хуэдэу.
27«Абы гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ,
ятӀагъуэм къыхэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм хуэдэу,
зэхикъутэнущ».
28Нэхущ вагъуэри#2:28 нэхущ вагъуэр – Мэссихьыращ. Еплъ 22:16. естынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. 29Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм члисэ зэхуэсхэм къажриӀэр зэхрех тхьэкӀумэ зиӀэм.
Currently Selected:
Апокалипсис 2: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017