Апокалипсис 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Пэублэ псалъэмрэ фӀэхъусымрэ
1Мы тхылъым итыр Тхьэм Хьисэ Мэссихь къыхуигъэнэхуа Ӏуэхугъуэхэрщ. Тхьэм ахэр къыщӀигъэнэхуар Хьисэ Мэссихь Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм куэд мыщӀэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр яригъэщӀэн щхьэкӀэщ. Хьисэ и мелыӀычыр езым хуэлажьэ Иуан и деж игъакӀуэри, къэхъуну Ӏуэхугъуэхэр гуригъэӀуащ. 2Иуан илъэгъуа псори иӀуэтэжурэ, щыхьэт ятохъуэ Тхьэм и псалъэхэми Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэми. 3Къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикӀа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащӀэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Ӏуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи.
4Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум#1:4 Асие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. Асие хэкур иджырей Тыркъум и къухьэпӀэ лъэныкъуэм итащ. А хэкум и къалэшхуэу щытар Ефесщ. щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. 5Хьисэ Мэссихьщ щыхьэт пэжыр, япэу лӀахэм къахэтэжыкӀыжар арщ, щӀылъэм тет пащтыхьхэм я пашэр аращ.
Абы фӀыуэ делъагъу, и лъыр жорым зэрыщыщӀэкӀам щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщихыжащ. 6Абы и гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, Тхьэуэ езым и Адэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну дигъэуващ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зейр аращ! Ӏэмин.
7ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар,
нэ псоми ар ялъагъунущ,
и джабэр бжыкӀэ#1:7 бжы – шуудзэхэм нэхъапэм яӀыгъыу щыта бжэгъу кӀыхьу, гъущӀ папцӀэ зыпылъу щытар аращ. зугъуэнахэми ар ялъагъунущ.
Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ,
я бгъэгухэм еуэжынущ.
Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.#1:7 Ӏэмин – журтыбзэм щыщ псалъэщ, «Апхуэдэу ирехъу» мыхьанэ къокӀ.
8ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».
Хьисэ Мэссихь Иуан зыкъызэрыригъэлъэгъуар
9Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос#1:9 Патмос хытӀыгур – Эгейскэ хым хэт хытӀыгуу рим цӀыхухэм бзаджащӀэхэм щхьэкӀэ хьэпсыпӀэу ящӀар аращ. Патмос хытӀыгур Ефес къалэм километри 100-кӀэ пэжыжьэу и ипщэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэм итщ. хытӀыгум#1:9 хытӀыгу – зи хъуреягъкӀэ псым къиухь щӀыналъэщ. сагъэкӀуауэ сыщыӀащ. 10Зиусхьэным и махуэм#1:10 Зиусхьэным и махуэр – тхьэмахуэ махуэр аращ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ. 11Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».
12Къызэпсалъэ макъыр зи макъыр зэзгъэлъагъуну зыхуезгъэзэкӀащ. ЗыщыхуезгъэзэкӀым, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ уэздыгъэ тегъэувапӀибл слъэгъуащ 13икӀи уэздыгъэ тегъэувапӀиблым яхэту ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ещхьу#1:13 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм ещхьу – еплъ Даниил бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым 7:13. зыгуэр слъэгъуащ. И лъапэм нэсу джанэ кӀыхь щыгът абы, дыщэм къыхэщӀыкӀа бгырыпхи щӀэпхат. 14И щхьэцыр цы хужьым е уэсым хуэдэу хужьыбзэт. И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт. 15И лъакъуэхэри хьэкум щагъэплъа гъуаплъэм хуэдэу лыдырт, и макъри псыдзэ куэдым я макъышхуэм хуэдэт. 16И Ӏэ ижьымкӀэ вагъуибл иӀыгът, зи дзитӀри жан джатэри и жьэм къыжьэдэкӀырт. И нэкӀури дыгъэ жьэражьэм хуэдэт.
17Ар щыслъагъум, лӀам хуэдэу, и пащхьэм сиджэлащ. И Ӏэ ижьыр къыстрилъхьэри къызжиӀащ абы итӀанэ: «Умышынэ, япэрейри иужьрейри сэращ. 18ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ. 19Аращи, Ӏуэхугъуэу плъэгъуахэри, иджыпсту щыӀэхэри, къэхъунухэри тхы. 20Си Ӏэ ижьымкӀэ сӀыгъа вагъуиблымрэ дыщэм къыхэщӀыкӀа уэздыгъэ тегъэувапӀиблымрэ къикӀыр мыращ: Вагъуиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблым я мелыӀычхэр#1:20 мелыӀычхэр – е члисэ зэхуэсхэм я хъумакӀуэхэр е абыхэм я лӀыкӀуэхэр аращ. арщ. Уэздыгъэ тегъэувапӀиблым къикӀыр члисэ зэхуэсиблыр аращ».
Currently Selected:
Апокалипсис 1: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017