Апокалипсис 18
18
18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Бабилэн къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутэр
1НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀащ, къыпкърыкӀ нэхушхуэм дунейр къигъэнэхуащ. 2Мыпхуэдэу къыжиӀащ лъэкӀыныгъэ зиӀэ макъкӀэ:
«Къалэшхуэр зэхакъутащ!
Бабилэн зи цӀэ къалэшхуэр зэхакъутащ!
Жинхэм я унэ хъуащ,
сыт ищӀыс жин бзаджэ Ӏейхэми
къуалэбзу гущыкӀыгъуэ фӀейхэми
я псэупӀэ хъуащ,
3сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэшхуэм
и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэмрэ и зинэмрэ
я фадэмкӀэ лъэпкъ псори игъэудэфащ
Дунейм и пащтыхьхэми а къалэшхуэм
зинэ дащӀащ.
А къалэшхуэр мы дунейм и мылъкухэмкӀэ
нэпсейуэ зэрыщытам щхьэкӀэ,
дунейм и сатуущӀэхэр бей хъуащ».
4Уафэм къиӀукӀыу, нэгъуэщӀ макъ гуэрым мыр жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ:
«Си цӀыхухэ, а къалэшхуэм и гуэныхьхэмкӀэ
Ӏыхьэгъу фымыхъун,
икӀи абы гугъуехьышхуэу
ишэчынур фымышэчын щхьэкӀэ,
а къалэм фыкъыдэкӀ,
5сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а къалэм и гуэныхьхэр
зэтелъу уафэм нэсащ,
щӀэпхъаджагъэу ищӀар Тхьэм и гум
икӀыжынукъым.
6А къалэр фэ къызэрыфкӀэлъызекӀуам хуэдэу
фэ фыкӀэлъызекӀуэж.
Абы Ӏуэху бзаджэу ищӀам
хуэдитӀ ефщӀэж.
Фи фалъэм къыфхуригъэхъуа фадэм
и дыджыгъэм хуэдитӀ фадэ дыдж
и фалъэм хуивгъэхъуэж.
7ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым
зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу,
гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ:
„Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ.
Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи
къысхуихуэнукъым“.
8Абы щхьэкӀэ гугъуехьышхуэхэр зы махуэкӀэ
къылъысынущ:
лӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъаблэри.
МафӀэм исынущ,
Зиусхьэн Тхьэуэ а къалэм и хьэкумыр
къытезыщӀыхьым
лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэщи».
9Дунейм и пащтыхьу абы зинэ дэзыщӀауэ, абы и мылъкум хэпсэукӀауэ пащтыхьхэр, а къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, гузэсэнущ икӀи пыхьэнущ. 10А къалэшхуэм ишэч гугъуехьышхуэм щхьэкӀэ а пащтыхьхэр шынагъуэм хэхуэнущ, мыпхуэдэу жаӀэнущ жыжьэу щыту:
«Уэ, лъэкӀыныгъэ зиӀэ Бабилэн къалэшхуэ,
гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пхуэфащэр зы сыхьэт закъуэкӀэ
уагъэпшыныжащ».
11А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ, дунейм и сатуущӀэхэр гъынущ икӀи щыгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящэр зыми ищэхужыркъым. 12Я дыщэр, я дыжьыныр, я мывэ лъапӀэхэр, я налкъутналмэсхэр зыми ищэхужыркъым; чэсей пӀащӀэхэр, щэкӀ плъыжьыбзэхэр, щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэхэр, данэхэр зыми ищэхужыркъым; мэ ӀэфӀ зыпих пхъэхэри, пыл къупщхьэм, пхъэ лъапӀэм, гъуаплъэм, гъущӀым, скъарым къахэщӀыкӀа хьэпшыпхэри зыми ищэхужыркъым; 13мэ ӀэфӀ къызыпих удзу синнамон, смирнэ, ладан зи цӀэхэр, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэр, фадэр, зейтун дагъэр,#18:13 зейтун дагъэр – «оливэ» дагъэр арщ. хьэжыгъэ дэгъуэр, гуэдзыр зыми ищэхужыркъым; былымхэр, мэлхэр, шыхэр, гухэр зыми ищэхужыркъым; пщылӀхэри зыми ищэхужыркъым.
14СатуущӀэхэм а къалэшхуэм мыпхуэдэу жраӀэнущ итӀанэ: «УзыщӀэхъуэпса пхъэщхьэмыщхьэр пфӀэкӀуэдащ. Уи мылъкушхуэ псори, уи щӀыхьышхуэ псори пфӀэкӀуэдащ икӀи зэи бгъуэтыжынукъым». 15Ахэр къалэшхуэм щащэурэ, бей хъуа сатуущӀэхэр, къалэшхуэм ишэч хьэзабым щхьэкӀэ шынагъуэм хэхуауэ, жыжьэу къыщытынущ. Гъыурэ, щыгъуэурэ, мыпхуэдэу жаӀэнущ:
16«Уэ, къалэшхуэ, цӀыхубзым хуэдэу,
чэсей пӀащӀэри, щэкӀ плъыжьыбзэри,
щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэри пщыгъыу,
дыщэмкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи,
налкъутналмэсхэмкӀи зыбгъэщӀэрэщӀащ,
гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ.
17Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а мылъкушхуэ псори
а къалэм сыхьэт закъуэм фӀэкӀуэдащ».
Кхъухьхэм я пашэ псори, кхъухьымкӀэ зекӀуэ псори, кхъухьхэм щылажьэ псори жыжьэу къыщытынущ. 18А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр щалъагъукӀэ, жаӀэнущ: «А къалэшхуэм хуэдэ къалэшхуэ зыри щыӀакъым». 19Гъыурэ, щыгъуэурэ, я гукъеуэм щхьэкӀэ я щхьэхэм мафӀэ сахуэр тракӀутэнущ икӀи гуоунущ:
«Уэ, къалэшхуэ, гъуэгу мыгъуэ утеуващ, гъуэгу
мыгъуэ утеуващ!
Хым кхъухь щызиӀэ псори уи мылъкумкӀэ бей хъуащ.
Псори пфӀэкӀуэдащ сыхьэт закъуэм.
20А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ
уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм
и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ,
бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм
иригъэпшыныжащи».
21ИтӀанэ мелыӀыч лъэщ гуэрым щхьэл мывэм хуэдэ мывэшхуэ гуэр къиӀэтщ, хым хидзэри, мыпхуэдэу жиӀащ итӀанэ:
«Бабилэн къалэшхуэр
апхуэдэ къаруушхуэкӀэ ирадзыхынущ,
ар зэи ягъуэтыжынукъым.
22ШыкӀэ пшынэм, къамылым, бжьамийм я макъхэри,
уэрэд макъхэри
а къалэшхуэм щызэхахыжынукъым.
Сыт хуэдэ ӀэщӀагъэ зиӀэри
а къалэшхуэм щылэжьэжынукъым.
Щхьэл мывэ макъри абы
щызэхахыжынукъым.
23Уэздыгъэ нэхуи а къалэшхуэм
щыблэжынукъым.
Щауэмрэ нысащӀэмрэ я макъхэри
абы щызэхахыжынукъым.
А къалэшхуэм и сатуущӀэхэр
мы дунейм и цӀыху инхэм ящыщащ.
И удыгъэмкӀэ а къалэшхуэм лъэпкъ псори
щигъауэрт.
24Бегъымбархэм ялъри,
Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ялъри,
щӀылъэм щаукӀа псоми ялъри
а къалэшхуэм къыщагъуэтащ».
Currently Selected:
Апокалипсис 18: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017