Апокалипсис 13
13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ХьэщхьэвылъитӀыр
1Хы Ӏуфэм сыӀуту, хым хьэщхьэвылъэ гуэр къыхэкӀыу слъэгъуащ. Щхьибл пытт, бжьакъуипщӀи тетт. И бжьакъуэхэм тажипщӀ фӀэлът. И щхьэхэми Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр телът. 2Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм#13:2 къаплъэн фӀыцӀэ – урысыбзэкӀэ «барс» жыхуаӀэр арщ; щомыщ. хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ. 3Хьэщхьэвылъэм и щхьэхэм ящыщ зым езыр зыгъэлӀэн уӀэгъэм хуэдэ телът, ауэ а уӀэгъэр хъужыгъащ. ЩӀылъэм тет цӀыху псоми а хьэщхьэвылъэр ягъэщӀагъуэу, кӀэлъыкӀуэрт. ЦӀыхухэм благъуэжьыр ягъэлъэпӀащ абы хьэщхьэвылъэм тепщэныгъэ зэрыритам щхьэкӀэ. 4Хьэщхьэвылъэри ягъэлъапӀэурэ, жаӀащ: «Хьэщхьэвылъэм хэт пэхъун? Хэт абы езэуэн зылъэкӀынур?»
5Хьэщхьэвылъэм псалъэ пагэхэр жиӀэну, Тхьэм хущӀэджэу, мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ#13:5 мазэ плӀыщӀрэ тӀукӀэ – еплъ 11:2. тепщэныгъэ иӀэну хуит хъуащ. 6Тхьэми, Тхьэм и цӀэми, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэми, уафэм щыӀэ псоми хущӀэбжэну и жьэр иутӀыпщащ. 7Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ. 8Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.
9ТхьэкӀумэ зиӀэм зэхрех.
10ЦӀыхухэр лъэхъуэщым щӀэзыдзэр
езыр лъэхъуэщым щӀадзэнущ.
ДжатэкӀэ зыукӀыр
Езыр джатэкӀэ яукӀыжынущ.
Аращи, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм теубыдагъэрэ щыпкъагъэрэ ярыреӀэ.
11НэгъуэщӀ хьэщхьэвылъи щӀы щӀагъым къыщӀэкӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и бжьакъуэм хуэдэу бжьакъуитӀ тетт, ауэ благъуэжьым хуэдэу къэпсалъэрт. 12Мы етӀуанэ хьэщхьэвылъэм япэрей хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэ псори иӀэу, абы и пащхьэм Ӏуэху щищӀащ икӀи щӀылъэми щӀылъэм тет цӀыху псоми япэрей хьэщхьэвылъэу зи уӀэгъэр хъужар яригъэгъэлъэпӀащ. 13ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуащ. ЦӀыхухэм я пащхьэм уафэм къикӀыу мафӀэ щӀылъэм къыщригъэхащ. 14Япэрей хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщигъэлъэгъуэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит зэрыхъуамкӀэ щӀылъэм тет цӀыхухэр дищэхащ. ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм щӀылъэм тет цӀыхухэм яжриӀащ япэрей хьэщхьэвылъэу, джатэ уӀэгъэ телъ пэтми, псэууэ щытыр ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сурэт хуащӀыну. 15Япэрей хьэщхьэвылъэм и сурэтым псэ хилъхьэну етӀуанэ хьэщхьэвылъэр хуит хъуащ. Апхуэдэу а сурэтыр къэпсэлъащ икӀи ар зыгъэлъэпӀэну зымыдэхэр яукӀыну а сурэтым унафэ ищӀащ. 16ЕтӀуанэ хьэщхьэвылъэм цӀыху псоми – цӀыкӀуми инми – бейми тхьэмыщкӀэми, щхьэхуитми пщылӀми – я Ӏэ ижьхэм е я натӀэхэм дамыгъэ ятрыригъэдзащ. 17А дамыгъэр темыдзамэ, зыми зыри ищэну икӀи къищэхуну хуиту щытакъым. А дамыгъэм хьэщхьэвылъэм и цӀэр е и цӀэм и бжыгъэр тетт.
18ЦӀыхухэм акъылыфӀагъэ ярыреӀэ. ЗэхэщӀыкӀ зиӀэм хьэщхьэвылъэм и бжыгъэр иребж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и бжыгъэр аращ.#13:18 цӀыхум и бжыгъэр аращ – алыджыбзэкӀи журтыбзэкӀи бжыгъэхэр хьэрфхэмкӀэ ятх. ЖуртыбзэкӀи алыджыбзэкӀи цӀэхэр щыӀэщ, я хьэрфхэм къарыкӀ бжыгъэхэр зэхэплъхьэмэ, щихрэ хыщӀрэ хырэ хъууэ. А бжыгъэр щихрэ хыщӀрэ хырэ мэхъу.
Currently Selected:
Апокалипсис 13: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017