Bible App logo
Search Icon

Апокалипсис 12

12
12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЦӀыхубзымрэ благъуэжьымрэ
1Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: ЦӀыхубз гуэр, дыгъэр фащэу щыгъыу, и лъакъуэхэр мазэм тету, и щхьэрыгъ тажым вагъуэ пщыкӀутӀыр тету, къэхутащ. 2ЦӀыхубзыр лъэщыджэт икӀи лъхугъэр къытелъэдауэ гугъуехьышхуэ ишэчти, кӀийрт. 3НэгъуэщӀ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къыщылъэгъуащ итӀанэ: Благъуэжь абрагъуэ плъыжьу, щхьибл фӀэту, бжьакъуипщӀ тету къэлъэгъуащ. Дэтхэнэ зы щхьэми зы таж щхьэрыгът. 4Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ. 5ЩӀалэ цӀыкӀу къилъхуащ. Абы щӀылъэм тет лъэпкъ псори гъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ. А сабийр Тхьэмрэ Тхьэм и тахътэмрэ я деж драхьеящ. 6ЦӀыхубзыр щӀэпхъуэжри, Тхьэм абы губгъуэ нэщӀым щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм щызэгъащ. Махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхэнущ ар абдежым.
7Уафэм зауэ къыщыхъеящ. Михаилрэ#12:7 Михаил – япэрей мелыӀычышхуэхэм ящыщщ. абы и мелыӀычхэмрэ благъуэжьым езэуащ, благъуэжьри абы и мелыӀычхэри абыхэм къапэуващ. 8Благъуэжьыр Михаил къыпэлъэщакъым, благъуэжьымрэ абы и мелыӀычхэмрэ уафэм щӀыпӀэ къащыхуэнэжакъым. 9Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.
10Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ:
«ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы.
Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ
и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы,
езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри
къэлъэгъуащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу,
Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр
щӀылъэм кърадзыхащ.
11Щынэм лъыуэ щӀэкӀамкӀи, Тхьэм и псалъэхэм
щыхьэт зэрахуэхъуамкӀи
ди къушхэр шейтӀаным текӀуащ.
ЛӀэныгъэм и гъунэгъу хъуами,
езыхэм я псэхэм щысхьакъым.
12Аращи, фэ, уафэхэри, фэ, уафэхэм щыпсэухэри, фыгуфӀэ!
Ауэ фэ, щӀыри хыри, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ,
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иблисыр къыфхуехащ.
Зэману езым къыхуэнэжыр зэрымащӀэр ещӀэри,
и гум губжьышхуэ илъщ».
13Благъуэжьыр, щӀылъэм къызэрырадзыхар щилъагъум, щӀалэ цӀыкӀур къызыхуэхъуа цӀыхубзым и ужь ихьащ. 14МелыӀыч гуэрым бгъэ иным и дамитӀыр цӀыхубзым къритащ, блэжьым и пащхьэм икӀыу, Тхьэм губгъуэ нэщӀым абы щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм лъэтэн щхьэкӀэ. Абдежым илъэсищрэ ныкъуэкӀэ#12:14 илъэсищрэ ныкъуэрэ – махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀрэ мэхъу. Еплъ 12:6. щагъэшхэнущ. 15ЦӀыхубзыр псым иригъэхьын щхьэкӀэ, псыдзэм хуэдэу, блэжьым и жьэм псыр къыжьэдиутхыкӀащ. 16Ауэ щӀыр цӀыхубзым дэӀэпыкъущ, и жьэр зэӀуихри, благъуэжьым и жьэм къыжьэдиутхыкӀа псышхуэр ирифащ. 17ЦӀыхубзым ину хуэгубжьри, цӀыхубзым къытехъукӀа нэгъуэщӀ и бынхэм – Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэхэмрэ Хьисэ Мэссихь щыхьэт хуэхъухэмрэ – езэуэну кӀуащ благъуэжьыр итӀанэ.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in