Уэрэд 78
78
78-нэ Уэрэд
Лъэпкъым и тхьэмыщкӀагъэм папщӀэ гущӀэгъу
Асаф и уэрэд
1Ди Тхьэ! Хамэ лъэпкъхэр уи щӀыгу къихьащ,
уи унэшхуэ лъапӀэр яуцӀэпӀри,
Ерусалим зэхакъутащ;
2уи ӀурыщӀэхэм я хьэдэхэр – къуалэбзухэм,
уи цӀыху лъапӀэхэм япкъхэр –
хьэкӀэкхъуэкӀэхэм иратащ,
яшхын папщӀэ;
3Ерусалим дэнэкӀи
абыхэм лъы щагъэжащ,
псым хуэдэу;
ахэр щӀэзылъхьэжыни яӀакъым.
4Ди гъунэгъухэм ауан дыкъащӀ,
къытщодыхьэшх,
дызыхэс лъэпкъхэр къытщӀонакӀэ.
5Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн,
губжьым ухэтыну,
фыгъуэныр мафӀэм хуэдэу уигу
щыблэну?
6Уи губжьыр ятекъутэ
Уэ узэхэзымыщӀыкӀ цӀыху лъэпкъхэм,
пащтыхьхэу Уэ къомылъэӀухэм,
7сыту жыпӀэмэ Екъуб#78:7 Екъуб – израил лъэпкъыращ. зэхашхыхьри,
хэкужь ящӀащ
и псэупӀи зэхакъутащ абыхэм.
8Ди адэжьхэм бзаджагъэу ящӀахэр
дэ къытхуумылъагъу;
уи гущӀэгъу псынщӀэу къытлъэгъэӀэс,
ди гур кӀуэдащ.
9КъыддэӀэпыкъу, дыкъезыгъэлыну ди Тхьэ,
уи цӀэм и щӀыхьыр яӀэтэн папщӀэ;
хьэзабым дыхэшыжи,
уи цӀэр лъэпӀэну,
ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу.
10Хамэ лъэпкъхэм сыт щӀыжаӀэнур:
«Дэнэ щыӀэ абыхэм я Тхьэр?»
Хамэ лъэпкъхэм уи ӀурыщӀэу
яукӀахэм ялъ
ирепшыныж дэ тлъагъуу.
11Хьэпсым исхэм я гыз макъ
Уэ уи пащхьэ ирет;
укӀ зытралъхьахэр
уи гуащӀэ лъэщкӀэ къегъэл.
12Ди гъунэгъухэм узэраубар
хуэдиблкӀэ егъэпшыныж, Зиусхьэн.
13Дэ, уи цӀыху лъэпкъым,
уи хъупӀэм ит мэлхэм,
уи щӀыхьыр тӀуэтэнщ игъащӀэкӀэ,
щӀэблэ-щӀэблэхэм щӀыхь пхуэтщӀынщ.
Currently Selected:
Уэрэд 78: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017