YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 67

67
67-нэ Уэрэд
Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и щӀыхьышхуэмрэ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Къретэдж Тхьэр,
зэбгрырекӀыж Абы и бийхэр.
Ар зылъагъу мыхъухэр
Абы и пащхьэ ирекӀыж!
3Зэбгрыху Уэ ахэр,
Ӏугъуэр зэрыкӀуэдыжым хуэдэу;
Тхьэм и пащхьэ щрекӀуэд бзаджащӀэхэр,
мафӀэм шэхур зэригъэткӀум хуэдэу.
4Тхьэм хуэщыпкъэхэм гукъыдэж ирегъуэтыж,
Тхьэм и пащхьэм щрегуфӀэж,
ХъеркӀэ гуфӀэгъуэшхуэ ирыреӀэ.
5Ди Тхьэм уэрэд хужыфӀэ,
Абы и цӀэм щытхъу уэрэд хужыфӀэ,
Уафэгум щызекӀуэм щӀыхь хуэфщӀ;
Абы и цӀэр Зиусхьэнщ;
Абы и пащхьэ фыщыгуфӀэ.
6Ибэм я адэу,
фызабэм я хъумакӀуэу,
Тхьэр и псэупӀэ лъапӀэм щыӀэщ.
7Зи закъуэхэр Тхьэм унэм щегъэпсэу,
Ӏэхъулъэхъур ярехыж,
гухуит-щхьэхуит ещӀыж хьэпсым исхэр,
зызыгъэкъейгъэхэр
къум нэщӀ пщтырым къренэ.
8Ди Тхьэ! Уи цӀыху лъэпкъым и пэ уиту,
къум нэщӀым къыщыщыпкӀухьым,
9щӀыр хъеящ,
къежэхащ уэшхыр,
Уэ, Тхьэуэ, Израилым и Тхьэу –
Синай къущхьэм#67:9 Синай къущхьэм – Израил лъэпкъыр Мысыр икӀри, Ханаан хэкум щыкӀуэм, Тхьэм Синай къущхьэм зыкъщаригъэлъэгъуат. (2. Мусэ 19:16-25) къыщылъэгъуа
Тхьэм и пащхьэ.
10Уэшхышхуэ къебгъэшхащ Уэ, Тхьэм,
уи хэгъэгу гуащӀаджэр зэтебгъэувэжащ.
11Абы итӀысхьащ Уэ уи цӀыху лъэпкъыр;
Уэ уи фӀыгъэкӀэ, ди Тхьэ,
бгъэхьэзыращ тхьэмыщкӀэхэр
зыхуэныкъуэ псори.
12Зиусхьэным унафэ ищӀащ:
Бзылъхугъэбэм текӀуэныгъэм и хъыбар зэрахьащ.
13Дзэм я пащтыхьхэм щӀатхъуж,
мажэ,
ауэ унэм къина бзылъхугъэхэм,
чэтым къыщӀэна пэтми,
къуентхъыр ягуэш:
14зи дамэхэр дыжьыныпс егъэфауэ,
зи къабзийхэр дыщэ къабзэкӀэ псыхьауэ
тхьэрыкъуэ анэм хуэдэ пкъыгъуэхэр.
15ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэм,
пащтыхьхэр щызэбгрихужым,
Цалмон къущхьэм уэс къыщригъэсащ.
16Тхьэм и къущхьэщ – Башан къущхьэр!
Щыгубэ зиӀэ къущхьэщ – Башан къущхьэр!
17Сыт уэ, шыгубэ зиӀэ къущхьэр,
уехъуапсэу ущӀеплъыр
Тхьэм псэупӀэкӀэ игу ирихьа къущхьэм#67:17 игу ирихьа къущхьэм – еплъ 2:6.
Зиусхьэныр игъащӀэкӀэ зыщыпсэунум?
18Тхьэм и хьэрыгъажэхэр бэ дыдэщ,
миным къыщызэтенэркъым.
Абыхэм яхэту, Зиусхьэныр
Синай къущхьэм къехри,
и унэшхуэ лъапӀэм щӀыхьащ.
19Ар Ӏуащхьэ лъагэм дэкӀащ,
гъэрхэр зыдришеящ,
цӀыхухэм тыгъэхэр къратащ,
Тхьэр къизымыдзэ къейгъэшыхэри яхэту.
Зиусхьэну Тхьэр абы щыпсэунущ.
20ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну
ди къинхэр махуэ къэси зезыхьэм;
Езыращ дыкъезыгъэлыр.
21Тхьэр дэркӀэ Тхьэ къегъэлакӀуэщ;
Зиусхьэну ди Зиусхьэныращ
ажалым дыӀэщӀэзыхыжыр.
22Тхьэм икъутэнщ
и бийхэм я щхьэр,
щхьэщыгу бацэхэу
хабзэншэ гъуэгум щыкъейгъэхэр.
23Зиусхьэным жиӀащ: «Башан къыщезгъэгъэзэжынщ,
къыщӀэсшыжынщ хым и щӀэм уи бийхэр,
24уи хьэхэр зэрыхэфым хуэдэу
бийм и лъым уи лъакъуэхэр хэбгъэувэну».
25Тлъэгъуащ узэрызекӀуэр,
Уэ, си Тхьэуэ си Пащтыхь,
Унэшхуэ лъапӀэм узэрыщызекӀуэр;
26уэрэдыӀуэхэр япэ итащ,
пшынауэхэр я ужькӀэ кӀуащ,
фэнтӀрыпӀхэр зыӀыгъ пщащэхэр
яку дэтащ:
27«Фэ, Израил къытекӀахэр,
зэхуэсышхуэм фыхэту Тхьэуэ Зиусхьэным
щӀыхь щыхуэфщӀ!»
28Бин-Ямин лӀакъуэу я нэхъ цӀыкӀур япэ итщ;
Иудэ пщыхэр я гупым хэту,
Зэбулон пщыхэри Нафталый пщыхэри къакӀэлъокӀуэ.
29Зэхэугъуае уи гуащӀэ, си Тхьэ,
къэгъэнаӀуэ гуащӀэу
къытхуэбгъэлъэгъуар.
30Ерусалим дэт унэшхуэм ущыӀэу,
Уэ къыпхуахь пащтыхьхэм я тыгъэхэр.
31ГъэӀурыщӀэ Мысырырэ
къамылым хэс хьэкӀэкхъуакӀэхэр,
гъэӀурыщӀэ цӀыху лъэпкъхэу
шкӀэхэр зыхэт вы хъушэхэм хуэдэхэр;
абыхэм псоми щхьэщэ къыпхуащӀу
я дыжыныр къыпхуахьыху,
икъухь зауэм щӀэхъуэпс цӀыху лъэпкъхэр.#67:31 икъухь зауэм щӀэхъуэпс цӀыху лъэпкъхэр – евреибзэкӀэ и мыхьэнэ ӀупщӀкъым.
32ЦӀыху лъэрыхьхэр къикӀынщ Мысырым;
Тхьэм трашэщӀэнщ я Ӏэхэр –
Ефиопием#67:32 Ефиопие – а зэманым Мысыр и ипщэ гъунапкъым дежь щыӀа хэку. щыщ цӀыхухэм.
33ЩӀыгум и пащтыхьыгъуэхэм
Тхьэм уэрэд хужыфӀэ,
уэрэдкӀэ фӀуатэ Зиусхьэным и щӀыхьыр –
34уафэгум я уафэгужым
игъащӀэкӀэ къыщызыкӀухьым.
Абы Езым и макъ къеӀэт –
гуащӀэшхуэ зиӀэ макъыр.
35Тхьэм щӀыхьыр ефпэс!
Тепщэныгъуэшхуэ хуиӀэщ Абы Израилым,
гуащӀэ ин дыдэу Абы хэлъыр
пшэм хыболъагъуэ.
36Уи унэшхуэм, ди Тхьэ,
щынагъуэшхуэ щыуиӀэщ.
Израилым и Тхьэм и цӀыху лъэпкъым
гуащӀэрэ лъэкӀыныгъэрэ кърет.
Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэфщӀ!

Currently Selected:

Уэрэд 67: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in