YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 68

68
68-нэ Уэрэд
Гугъуехь зрагъэшэчам и тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Шошаним» макъамэр щӀэлъу. Даут и уэрэд
2Ди Тхьэ, сыкъегъэл сымыкӀуэду –
псыр си къурмэкъейм къыщӀэуащи.
3Шэд куум сыхэнащ сэ,
сызытеувэни симыӀэу,
архъуанэм сизэрыхьащ сэ,
срехьэжьэ псыдзэшхуэм.
4Сыгуоуурэ, гуащӀаджэ сыхуащ,
игъущӀыкӀащ си джийр;
си Тхьэ, сыпхуэлӀэу сыппэплъэурэ,
си нэр ешащ.
5Лажьэ симыӀэу, си жагъуэгъухэр
щхьэцу стетым нэхъыбэ хъуащ;
сагъэкӀуэдмэ, яфӀэигъуэу,
пцӀыкӀэ сыкъэзыувыхьхэм гуащӀэ яӀэщ;
естыжын хуей абыхэм къатезмыхар?
6Ди Тхьэ! Уэ уощӀэ сызэрыакъылыншэр,
мыхъуну сщӀахэр
УэркӀэ щэхукъым.
7Зиусхьэну лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэ,
Уэ къыпщыгугъ псоми
я напэ тремыкӀ.
Уэ, Израилым и Тхьэм, зыкъыпхуэзыгъазэхэм
сэркӀэ емыкӀу къремыхь;
8сыту жыпӀэмэ Уэр папщӀэ сэ сауб,
напэншагъэр нэкӀу Ӏупхъуэ къысхуащӀ.
9Си къуэшхэмкӀэ хамэ сыхъуащ сэ,
си анэм и къуэхэм сащымыщыжу.
10Сыту жыпӀэмэ уи унэ
сызэрыщӀэхъуэпсым сеух сэ,
Уэ узыубхэм я убэ псалъэхэр
сэ къыстехуэжащ.
11Сэ нэщӀ сисурэ,
сызыгъэикӀэм саубащ;
12щыгъуэ щыгъынхэр щыщыстӀагъэм,
къысщыдыхьэшхыу хъыбар зэрахьащ.
13Сэ къыстопсэлъыхь къалэ
куэбжэм Ӏусхэр,
ЕфакӀуэм я уэрэдым сыхалъхьэ.
14Сэ си тхьэлъэӀукӀэ, Зиусхьэн,
зыныпхузогъазэ;
Уэ игъуэу плъытэ уахътэм, си Тхьэ,
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и хьэтыркӀэ сыкъызэхэх.
Уэ уи дэӀэпыкъуэгъу щыпкъэкӀэ
15шэдым сыхимыубыдэу
сыкъыхэшыж:
си жагъуэгъухэм
псы кууми сакъыщыӀэщӀэх.
16Псыдзэшхуэм сромыгъэхьэжьэ,
псы куум сыщӀумыгъэлъафэ,
хьэдрыхэ и жьэ ущӀам
сыжьэдумыгъахуэ.
17Жэуап къызэт, Зиусхьэн, сыту жыпӀэмэ
уи лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжыр фӀыщ.
Зыкъысхуэгъазэ, уи фӀыщӀагъэ бэ дыдэщ.
18Уи ӀурыщӀэм уи нэгу щумыгъэпщкӀу,
гузэвэгъум сыхэтщ,
жэуап къызэт псынщӀэӀуэу.
19Спэблагъэ зыкъэщӀ,
си щхьэ щэхуж,
сыкъегъэл, бийр си куэдщ.
20Уэ уощӀэ сызэраубыр,
си напэ зэрытрахыр,
ауан сызэращӀыр;
си бийхэр псори уи пащхьэ итщ.
21Си гур иухащ убэным,
слъэкӀыжӀаркъым;
гущӀэгъу къысхуащӀыным сыпэплъащ,
ауэ къысхуащӀакъым;
сызыгъэгупсэхуным сыпэплъащ,
ауэ ари згъуэтыркъым.
22Зэзыр къызатащ гъуэмылэу,
дыджыпсым срагъэфащ
псыхуэлӀэм сыщиубыдым.
23Я шхыныр лъахъэ яхурехъу абыхэм,
я къурмэн ефэ-ешхэр
убыдыпӀэу къахущӀрекӀ.
24Я нэхэр иреункӀыфӀ,
ялъагъужынӀа ялъэмыкӀыу;
я лъакъуэхэр ирекӀэзыз зэпымыууэ.
25ЯтеунащӀэ уи губжь Уэ абыхэм,
уи губжьышхуэм и мафӀэм
хегъэубыдэ ахэр.
26Я псэупӀэхэр нэщӀ ирехъу,
я шэтырхэм щыпсэун щремыӀэ,
27сыту жыпӀэмэ Уэ узэуар
абыхэм зэрахуэ иджыри
Уэ ебдза уӀэгъэм зыхигъэт гугъуехьым
хагъахъуэ.
28Абыхэм я хабзэншагъэхэр
яхуэлъытэ чэзу-чэзууэ,
мыкӀуэду къебгъэлыным
щремыгугъ игъащӀэкӀэ.
29Абыхэм я цӀэхэр хрекӀуэдыкӀыж
гъащӀэ зиӀэнухэм я тхылъым
Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэхэм
ирыремытхэ.
30СекӀэкӀуащ сэ, гузэвэгъуэм сыхэтщ;
Уи дэӀэпыкъуэгъукӀэ, ди Тхьэ, сыкъызэфӀэгъэувэж.
31Тхьэм щӀыхь хуэсщӀынщ уэрэдкӀэ,
щӀыхь хуэсщӀурэ, зэрыиныр езгъэщӀэнщ цӀыхум.
32Ар Зиусхьэным игу нэхъ ирихьынщ
вы нэхъри,
бжьакъуэ зытету
лъабжьэ зиӀэ танэм нэхъри.
33Егъэзыгъэ хъуахэм ар ялъагъунщи,
гуфӀэжынщ.
Тхьэм лъыхъуэхэм
ягу къихьэжынщ.
34Сыту жипӀэмэ Зиусхьэным тхьэмыщкӀэхэм
я макъ зэхех,
и цӀыхуу Ӏэпхлъэпх ящӀахэм
нэмыплъ яритыркъым.
35ЩӀыхь хурещӀ Абы уафэгухэми, щӀыгуми,
хыхэми, абыхэм щыпсэу псоми.
36Сыту жыпӀэмэ Тхьэм
Цион къалэр къихъумэнущ,
зэтригъэувэжынущ Иудэ и къалэхэр;
Тхьэм и цӀыхухэр а хэгъэгум
иригъэтӀысхьэнущ;
Ар абыхэм я Ӏыхьэ хъунущ.
37Тхьэм хуэӀурыщӀэхэм я щӀэблэм
ей хъунщ а хэгъэгур,
Тхьэм и цӀэр фӀыуэ зылъагъухэр
абы итӀысхьэнщ.

Currently Selected:

Уэрэд 68: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in