YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 65

65
65-нэ Уэрэд
Тхьэм уелъэӀунымрэ щӀыхь хуэпщӀынымрэ я уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ
1ГуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт зэрыщӀыгуу.
2Абы и цӀэм хужыфӀэ щытхъу уэрэдыр.
Лъытэныгъи щӀыхьи хуэфщӀ Абы.
3ЖефӀэ Тхьэм: «Уи Ӏуэху щӀагъуэхэм
лъэщу уагъэшынэ!
ГуащӀэу Уэ пхэлъыр бэ дыдэщи,
Уи бийхэр уи пащхьэ щохыщӀэ.
4Щхьэщэ къыпхуащӀ зэрыщӀыгуу,
пхужаӀэ щытхъу уэрэд,
уи цӀэм уэрэд хужаӀэ».
5ФыкъакӀуи, феплъ Тхьэм и ӀэщӀагъэхэм,
Тхьэр – шынагъуэщ, Ӏуэхуу зэрихьэхэм
цӀыхухэм я гур егъэкӀэзыз.
6Хыр щӀыгу ищӀащ Абы;
ЦӀыхур лъэсу зэпрыкӀащ псым,
абы деж дигъэгуфӀащ.
7ЛъэкӀыныгъэ ину иӀэмкӀэ
Абы тетыгъуэр иӀыгъщ игъащӀэкӀэ;
Абы и нэм хамэ лъэпкъхэр елъагъу,
Ар кърамыдзэу зызыгъэкъайгъэхэм зыкъремыӀэт.
8ЦӀыху лъэпкъхэм, ди Тхьэм щӀыхь хуащӀ,
Абы и щӀыхь макъ зэхрех цӀыхухэм.
9Ди псэр къригъэлащ Абы, псэухэм дыхэтыну,
дигъэцӀэнтхъуакъым.
10Дыбгъэунэхуащ уэ, ди Тхьэ,
дыжьыным хуэдэу къабзэ дыпщӀащ.
11Уэ хъым дибгъэхуащ,
ди дамэ хьэлъэхэр къытеплъхьащ Уэ,
12дебгъэулъэгуащ цӀыхухэм,
псыми мафӀэми дыпхыкӀащ,
Уэ абыхэм дыкъыхэпшыжри,
гупсэхупӀэм дипшэжащ.
13Къурмэн гъэсынхэр сщӀыну,
уи унэшхуэм сынихьэнщ,
псалъэу уэстар згъэпэжынщ –
14гугъуехьым сыхэту си ӀупэкӀэ жысӀар,
си жьэ къыжьэдэкӀар.
15Былым гъэшхахэр къурмэн
Уэ пхуэсщӀынщ,
къурмэныпхъэ мэлым я Ӏугъуэ пхуэзгъэуурэ;
выхэр, ажэхэр къурмэн пхуэсщӀынщ.
16Тхьэм фӀэлӀыкӀ хузиӀэ псори
фыкъакӀуи, федэӀу,
Абы сэ къысхуищӀахэр фхуэсӀуэтэжынщ.
17МакъышхуэкӀэ селъэӀуащ сэ Абы,
и щӀыхьыр сӀэтащ си бзэкӀэ.
18Си гум бзаджагъэ изгъэлъатэмэ,
Зиусхьэным сызэхихынтэкъым.
19Ауэ Тхьэм сызэхихащ,
си лъэӀум и макъ къыщӀэдэӀуащ.
20ЩӀыхьыр ейщ Тхьэуэ
си тхьэлъэӀухэм нэмыплъ къезымытам,
зи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыхэзымынам.

Currently Selected:

Уэрэд 65: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in