YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 64

64
64-нэ Уэрэд
Тхьэм щӀыхьыр хуэфащэщ
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Уэращ, ди Тхьэ, зыхуэфащэр
Цион къалэм щӀыхь къыщыпхуащӀыну.
Уэращ цӀыхухэм къуата псалъэр
зыхуагъэщыпкъэжынур.
3Уэращ къыхэзыхыр тхьэлъэӀур:
цӀыху псори уи деж нэкӀуэнщ
я гуэныхьхэм ябжь ятелъу.
4Ди щыуагъэхэр хьэлъащэ къытхуэхъумэ,#64:4 Ди щыуагъэхэр хьэлъащэ къытхуэхъумэ – евреибзэкӀэ «си хабзэнщагъэхэм срагъэз щыхъукӀэ».
ахэр Уэ къытхуэгъэгъу.
5Гъуэгу махуэ теуващ Уэ къыхэпхар,
благъэ зыхуэпщӀауэ,
уи пщӀантӀэм щыпсэунур!
Уи унэм, уи унэшхуэ лъапӀэм
и фӀыгъэхэмкӀэ зыдгъэтхъэжынщ.
6Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэмкӀэ укъытпогъуэкӀ,
текӀуэныгъэ къыдыбогъэхь,
ди Тхьэ, ди КъегъэлакӀуэ,
щӀыгум и къуапэ псоми щыпсэу цӀыхухэри,
хы жыжьэхэм тетри Уэ къыпщогугъ.
7Уи гуащӀэкӀэ бгъэуващ бгыхэр,
лъэкӀыныгъэшхуэр уи фащэщ,
8хыхэм я гъуахъуэ макъыр,
хы уэрым и макъыр,
къэбырсырурэ, цӀыху лъэпкъхэр уогъэӀэсэ.
9ЩӀыгум и къуапэхэм щыпсэу цӀыхухэм
ягъэщӀагъуэ уи Ӏуэху лъэщхэр.
Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи дыгъэ къухьэпӀэмкӀи
гуфӀэгъуэ макъышхуэ щыбогъэӀу.
10Уэ щӀыгум ухуогумащӀэ,
зыхуэныкъуэр ибогъэгъуэт,
и мылъкум жумарту хыбогъахъуэ.
Тхьэм и псыхъуэм псыр дэзщ;
Гъавэ щыбогъэкӀ,
апхуэдэу псори бгъэпсащи;
11уогъэнщӀ псыкӀэ вагъэмбэкъухэр,
тыкъырышхуэхэр уогъэщащэ,
ахэр уэшхкӀэ уогъэщабэ,
абы игъэкӀхэм уи нэфӀ ящохуэ.
12Гъэм тыгъэфӀхэр хубогъэфащэ.
Уэ узэрыхьэм гъавэр щобагъуэ;
13къум нэщӀым и хъупӀэхэми
къэкӀыгъэхэр къыщыхокӀ,
гуфӀэгъуэм зэлъеубыд Ӏуащхьэхэр.
14ХъупӀэхэр Ӏэщым яуфэбгъу,
аузхэр ягъэнщӀ гуэдз хьэсэхэм;
уэрэд жаӀэ, гуфӀэгъуэ макъыр яӀэт.

Currently Selected:

Уэрэд 64: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in