YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 63

63
63-нэ Уэрэд
Тхьэм укъиухъумэным и тхьэлъэӀу
1УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
2Си тхьэусыхэ макъ зэхэх Уэ, ди Тхьэ,
си бийхэм сащошынэ –
си псэр къегъэл.
3СащыгъэпщкӀу мэхъаджэхэм я гухэлъхэм,
бзаджащӀэхэм – я гухэлъ щэхухэм.
4Джатэ хуэдэ жанщ я бзэр;
зэфӀэдзащ я шабзэр –
яутӀыпщын хьэзырщ я псалъэ дыджыр,
5лажьэ зимыӀэм
щэхуу еуэнхэу;
ахэр йоуэ абы, мыӀэнкуну,
шынэхэркъым.
6Гухэлъ бзаджэкӀэ зэрогъэгушхуэ;
ЗэрогъэӀущ лъахъэхэр ягъэпщкӀуну;
жаӀэ: «Хэт зылъагъунур?»
7Гухэлъ бзаджэхэр зэхалъхьэ абыхэм,
къагупсыса я хьилэшыгъэр щӀэуфащ,
цӀыхум и акъылрэ и гупсысэрэ куущ, къэщӀэгъуейщ.
8Ауэ абыхэм Тхьэм ятригъэхуэнщ шабзэшэр;
уащӀэдэмыщӀэу иуӀэнщ ахэр.
9Езыр-езыру, я бзэкӀэ,
загъэкӀуэдыжынщ абыхэм,
я щхьэр ягъэсысынщ
ахэр зылъагъу псоми.
10Щышынэнщ цӀыху псори Тхьэм,
Абы и Ӏуэхухэр яӀуэтэнщ,
абыхэм егупсысэнщ.
11Зиусхьэным хуэщыпкъэхэр щыгуфӀыкӀыу,
щхьэегъэзыпӀэ ирещӀ
щыпкъагъэ зигу илъ псоми,
Абы щӀыхь хурырещӀ.

Currently Selected:

Уэрэд 63: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in