YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 62

62
62-нэ Уэрэд
Тхьэм ухуэзэшыныр
1Иудэ къум нэщӀым щыӀэу, Даут жиӀа уэрэд
2Уэращ Тхьэр! Уэращ си Тхьэр,
сыплъохъу,
сигукӀи си псэкӀи сыпхуозэш;
щӀыгу нэщӀым, щӀыгу гъущӀам сыщыӀэу,
щӀыгу псыншэм сыщыӀэу
си пкъыр пхуопабгъэ.
3Уи унэ лъапӀэм ущыслъэгъуащ,
уи гуащӀэрэ уи щӀыхьрэ слъэгъуащ.
4Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр
гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи,
щӀыхь пхуэсщӀынщ.
5ЩӀыхь пхуэсщӀынщ сыпсэуху,
сынолъэӀуурэ, си Ӏэхэр сӀэтынущ.
6Шхын ӀэфӀым арэзы сыкъищӀауэ,
уи щӀыхьыр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ сӀуэтэнщ.
7ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж,
жэщ къэрэгъулым я зэманым
сыногупсыс,
8сыту жыпӀэмэ удэӀэпыкъуэгъущ Уэ сэркӀэ,
уи дамэ щӀагъым я жьаум
гуфӀэгъуэ уэрэд щыжызоӀэ.
9Си псэр пкӀэрыпщӀащ Уэ.
Уи Ӏэ ижьым сэ сиӀыгъщ.
10Сэ си псэм къещэхэр
ирекӀуэ хьэдрыхэ.
11Джатэ жанкӀэ иреукӀ ахэр,
хьэӀуцыдзхэм пэщӀрехуэ.
12Ауэ пащтыхьыр Тхьэм щыгуфӀыкӀынщ,
хэтуи ирехъу,
Тхьэм и цӀэкӀэ тхьэрыӀуэ зыщӀыр гуфӀэжынщ;
сыту жыпӀэмэ пцӀы зыупсхэм
я жьэр Тхьэм зэхуищӀыжынщ.

Currently Selected:

Уэрэд 62: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in