YouVersion Logo
Search Icon

Уэрэд 61

61
61-нэ Уэрэд
Тхьэм укъихъумэным ущыгугъыныр
1Пшынауэ Ӏэтащхьэ Едутун папщӀэ. Даут и уэрэд
2Тхьэ закъуэращ
си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр;
Аращ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.
3А зыращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэр,
быдапӀэу сиӀэр –
сыгулэзыжынкъым.
4ЦӀыхуу блын ебам хуэдэм,
набжэ цӀырхъ ещӀам ещхьым,
дапщэрэ фытебэна,
ивудын щхьэкӀэ?
5Ар лъэгапӀэм кърадзыхыну
абыхэм я мурадщ,
пцӀыр я щӀасэщ абыхэм;
фӀы жаӀэ я жьэкӀэ,
ягукӀэ гыбзэм ирагъэхь.
6Тхьэ закъуэращ си псэм
гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр,
сыту жыпӀэмэ Аращ сызыщыгугъыр.
7А зыращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэр,
быдапӀэу сиӀэр,
сыгулэзыжынкъым игъащӀэкӀэ.
8Гугъуехьым сыхэзышыжыр,
щӀыхь къызэзытри Тхьэращ;
лъэкӀыныгъэ зиӀэ абрэмывэу
си щхьэегъэзыпӀэр Тхьэращ.
9ЦӀыху лъэпкъыр!
Сыт хуэдэ зэмани Абы фыщыгугъ;
фи гурылъыр къыщыфӀуатэ
Абы и пащхьэ.
Тхьэр дэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ.
10ЦӀыхум и къуэхэр – бэуэгъуэ къудейщ,
лӀым и къуэхэр нэпцӀ зэфэзэщщ;
тэрэзэм теплъхьэрэ пшэчмэ,
зы мэскъали къашэчынукъым.
11Къуентхъым фыщымыгугъ,
хъунщӀэным фримыкъей,
мылъкур багъуэмэ,
абы фыхуэмынэхъуей.
12Тхьэм зэ жиӀэри,
сэ тӀэу зэхэсхащ –
гуащӀэр Тхьэм дежщ здэщыӀэр.
13Лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Уэращ зиӀэр,
ди Тхьэ,
сыту жыпӀэмэ Уэ дэтхэнэми дыболъагъу
илэжьам хуэфащэр.

Currently Selected:

Уэрэд 61: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in